Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 80 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


80-нэ Уэрэд Махуэшхуэ уэрэд

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гъитит пшынэдыкъуакъуэкӀэ дежьууэ. Асаф и уэрэд

2 Тхьэуэ ди хъумакӀуэм уэрэд хужыфӀэ, фыгуфӀэурэ; Екъуб и Тхьэм макъ лъэщкӀэ щӀыхь хуэфщӀ.

3 Къевгъажьэ уэрэдыр, вгъэӀу щэнтӀрыпӀым и макъыр, пшынэдыкъуакъуэу зи макъ гуакӀуэм, шыкӀэпшынэм.

4 МахуэщӀэ махуэу бжьамийм фепщэ, мазэщӀэми, мазэм щизыгъуэми,

5 сыту жыпӀэмэ ар ИзраилкӀэ хабзэщ, Екъуб и Тхьэм игъэува хабзэщ.

6 Абы хабзэ къритащ Исуф, Мысырым къыщикӀыжым – абы ис цӀыхухэм ятекӀуэу. Сэ сымыщӀэ макъ зэхэсхащ:

7 «Уи плӀэм хьэлъэхэр дэсхыжащ, матэхэр уи Ӏэм ӀэщӀэсхыжри, хуит сщӀыжащ.

8 Гугъуехь ущыхэтым уэ укъызэджати, укъыхэсшыжащ; щыблэ макъым сыхэту сыбдэӀэпыкъуащ, Мэрибэ псым ущызгъэунэхуащ.

9 ФыкъызэдаӀуи, си цӀыху лъэпкъ, фызуущиинщ: Израил! Зэ укъызэдэӀуэгъатэмэ!

10 НэгъуэщӀ тхьэ уремыӀэ, хамэтхьэм щхьэщэ хуумыщӀ.

11 Сэращ Зиусхьэну, уи Тхьэу, Мысырым укъизышыжар, Уи жьэ къызэтехи, дэз къэсщӀынщ».

12 Ауэ си цӀыху лъэпкъыр Сэ си макъым къедэӀуакъым, Израилым хуэӀурыщӀэ Сэ зыкъысхуищӀакъым.

13 Абы папщӀэ я къейгъагъэр абыхэм ягухэм къыхэзнащ, зэрафӀэигъуэу псэунхэу.

14 Си цӀыху лъэпкъыр къызэдаӀуэу, Израилыр си гъуэгум тетыгъатэмэ!

15 Абыхэм я бийхэр псынщӀэу къезгъэувэлӀэнти, абыхэм къапэувхэм си Ӏэ яхуэзгъэзэнт.

16 Сэ, Зиусхьэныр, сызылъагъу мыхъухэр, къызэубзэнт. Апхуэдэ насып игъащӀэкӀи яӀэнти итӀанэ.

17 Гуэдзым и дэгъуэкӀэ фызгъэшхэнти, фоууэ бгым къыхэкӀымкӀэ фызгъашхэурэ арэзы фысщӀынти.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan