Уэрэд 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8-нэ Уэрэд 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гитит пшынэ дыкъуакъуэхэмкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд 2 Зиусхьэну ди Тхьэ! Уи цӀэр сыту щылъапӀэ щӀыгум дэнэкӀи, уафэм нэхъ лъагэу уи щӀыхьым зиӀэтащ! 3 Сабийхэми сабий быдзафэхэми я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ, къыппэувыжхэм ягу къеуэу, уи бийхэмрэ лъыщӀэжакӀуэхэмрэ бгъэувыӀэну. 4 Уи ӀэкӀэ пщӀа уи уафэм, мазэу, вагъуэу бгъэувахэм сэ сеплъ щыхъукӀэ, 5 сыт цӀыхур зи лӀэужьыгъуэр, уегупсысыну Уэ абы, цӀыху лъэпкъым и къуи, Уэ абы укӀэлъыплъэну? 6 Уэ нэхърэ зымащӀэкӀэ нэхъ цӀыкӀуу пщӀащ; хуэбгъэфэщащ щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ. 7 Уи ӀэщӀагъэхэр зэригъэкӀуэну тепщэныгъэр ептащ; щыӀэ псори и лъэгу щӀагъ щӀэбгъэуващ: 8 мэлхэри, выхэри, абы хуэдэу губгъуэм ис хьэкӀэкхъуэкӀэхэри, 9 къуалэбзухэри, хым хэс бдзэжьейхэри, хым хэс псэущхьэхэри. 10 Зиусхьэн, ди Тхьэ! сыту щылъапӀэ уи цӀэр щӀыгум дэнэкӀи! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden