Уэрэд 78 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр78-нэ Уэрэд Лъэпкъым и тхьэмыщкӀагъэм папщӀэ гущӀэгъу Асаф и уэрэд 1 Ди Тхьэ! Хамэ лъэпкъхэр уи щӀыгу къихьащ, уи унэшхуэ лъапӀэр яуцӀэпӀри, Ерусалим зэхакъутащ; 2 уи ӀурыщӀэхэм я хьэдэхэр – къуалэбзухэм, уи цӀыху лъапӀэхэм япкъхэр – хьэкӀэкхъуэкӀэхэм иратащ, яшхын папщӀэ; 3 Ерусалим дэнэкӀи абыхэм лъы щагъэжащ, псым хуэдэу; ахэр щӀэзылъхьэжыни яӀакъым. 4 Ди гъунэгъухэм ауан дыкъащӀ, къытщодыхьэшх, дызыхэс лъэпкъхэр къытщӀонакӀэ. 5 Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, губжьым ухэтыну, фыгъуэныр мафӀэм хуэдэу уигу щыблэну? 6 Уи губжьыр ятекъутэ Уэ узэхэзымыщӀыкӀ цӀыху лъэпкъхэм, пащтыхьхэу Уэ къомылъэӀухэм, 7 сыту жыпӀэмэ Екъуб зэхашхыхьри, хэкужь ящӀащ и псэупӀи зэхакъутащ абыхэм. 8 Ди адэжьхэм бзаджагъэу ящӀахэр дэ къытхуумылъагъу; уи гущӀэгъу псынщӀэу къытлъэгъэӀэс, ди гур кӀуэдащ. 9 КъыддэӀэпыкъу, дыкъезыгъэлыну ди Тхьэ, уи цӀэм и щӀыхьыр яӀэтэн папщӀэ; хьэзабым дыхэшыжи, уи цӀэр лъэпӀэну, ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу. 10 Хамэ лъэпкъхэм сыт щӀыжаӀэнур: «Дэнэ щыӀэ абыхэм я Тхьэр?» Хамэ лъэпкъхэм уи ӀурыщӀэу яукӀахэм ялъ ирепшыныж дэ тлъагъуу. 11 Хьэпсым исхэм я гыз макъ Уэ уи пащхьэ ирет; укӀ зытралъхьахэр уи гуащӀэ лъэщкӀэ къегъэл. 12 Ди гъунэгъухэм узэраубар хуэдиблкӀэ егъэпшыныж, Зиусхьэн. 13 Дэ, уи цӀыху лъэпкъым, уи хъупӀэм ит мэлхэм, уи щӀыхьыр тӀуэтэнщ игъащӀэкӀэ, щӀэблэ-щӀэблэхэм щӀыхь пхуэтщӀынщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden