Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 77 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


77-нэ Уэрэд Израилым и тхыдэм щыщу зэдгъэщӀапхъэхэр
Асаф и усэ

1 КъедаӀуэ, си цӀыху лъэпкъ, ныбжесӀэм, си жьэ къыжьэдэкӀ псалъэхэм фи тхьэкӀумэр къыхуэвгъазэ.

2 Пасэрей псалъэ къыхэздзэн сфӀэигъуэщ, пасэрейм хъыбар щэхуу жаӀахэр къэсӀуэтэнщ –

3 зэхэтхауэ, дэ зэдгъэщӀауэ, ди адэжьхэм къытхуаӀуэтэжауэ.

4 Ди сабийхэм ящыдущэхункъым Зиусхьэным илэжьауэ, щытхъу зыпылъ Ӏуэху щӀагъуэхэр. Абы и гуащӀэ, и ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр ди ужь къихъуэну щӀэблэм яхуэтӀуэтэжынщ.

5 Екъуб къытехъукӀахэм псалъэ гъуазэ къахуигъэнэхуащ Абы. Израил лъэпкъым хабзэ яхуигъэуващ. Ди адэжьхэм унафэ къахуищӀащ ахэр я сабийхэм хуаӀуэтэжыну –

6 къэхъуну щӀэблэхэм иджыри къамылъхуа сабийхэм ящӀэнщи, пӀалъэр къэсмэ, дяпэкӀэ къалъхунухэм хуаӀуэтэжынщ абыхэми.

7 Я гугъэ хуагъэзэнщ Тхьэм итӀанэ, Тхьэм и Ӏуэхухэр ящымыгъупщэу, и унафэхэр ягъэзэщӀэнщ.

8 Я адэжьхэми хуэдэнкъым – ерыщхэу, Тхьэм пэувхэу, теубыдагъэ зимыӀэхэу, зигу – зи псэкӀэ Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм.

9 Эфраим дзэлӀхэр шабзэкӀэ зэщӀэузэдауэ, зауэ махуэм къикӀуэтащ.

10 Тхьэм ядищӀа зэгурыӀуэныгъэм текӀащ ахэр, Абы и хабзэкӀэ псэун ядакъым.

11 Ящыгъупщащ и Ӏуэхухэри, телъыджэу къаригъэлъэгъуахэри.

12 Мысыр щӀыгум ит Цоан губгъуэм, я адэжьхэм ялъагъуу, Абы телъыджащэхэр къыщигъэлъэгъуащ;

13 Хыр зэгуихури, псыр блыну игъэуври, зэпришащ ахэр;

14 махуэм – пшэр, жэщ псом мафӀэм и нэхур япэ иту, къришэкӀащ ахэр.

15 Губгъуэ нэщӀым бгыр щикъутэри, лъащӀэ куу дыдэм кърихри, псы иригъэфащ загъэнщӀыху.

16 Бгым псы къыщӀигъэжри, псы уэр къриутӀыпщхьэхащ.

17 Ауэ гуэныхь щӀэныр Абы и пащхьэм щызэпагъэуакъым. Псоми Я Нэхъ Лъагэм пэуву, губгъуэ нэщӀым зыщагъэкъейгъащ.

18 Ягу ирихь гъуэмылым щӀэдэууэ, ягукӀэ зэдащӀэурэ Тхьэр ягъэнэхуащ.

19 Тхьэм игу хагъэщӀу, жаӀащ: «Къум нэщӀым Ӏэнэ щигъэувын лъэкӀыну Тхьэм?

20 Щыпкъэщ. Ар къырэм еуэри, псы къыщӀигъэжащ, псынэхэри къыщиудащ. ЩӀакхъуэ къыдитын лъэкӀын и цӀыху лъэпкъым, лыкӀэ къахуэупсэфын?»

21 Ар зэхихри, Зиусхьэныр губжьым зэщӀиубыдащ, Екъуб къытехъукӀахэм мафӀэ яридзри, и губжьыр израил лъэпкъым хуигъэлъэщащ.

22 Тхьэр я фӀэщ хъуртэкъыми, Абы къригъэлыным щыгугъакъым ахэр.

23 ИщхьэкӀэ щыӀэ пшэхэм унафэ яхуищӀри, уафэгум и бжэхэр къызэӀуихащ;

24 мэнн шхыныгъуэр уэшхым хуэдэу къахуригъэхри, къаритащ уафэгу гъуэмылэр.

25 МэлыӀыч гъуэмылапхъэр цӀыхум яшхащ, Абы къарита шхынымкӀэ псоми загъэнщӀащ.

26 Абы уафэгум къригъэхри, жьыбгъэр къригъэпщащ, Езым и гуащӀэкӀэ жьапщэр кърихужьащ.

27 ИтӀанэ, сабэм хуэдэу, лыр абыхэм къахуригъэхащ, хы Ӏуфэ пшахъуэм хуэдэу – къуалэбзури;

28 я увыпӀэм, я шэтырхэм деж ахэр къригъэтӀысэхащ.

29 Шхащ ахэр, загъэнщӀащ, къаритащ зыщӀэхъуэпсар.

30 Ауэ я гъаблэгу имыкӀ щӀыкӀэ, шхыныр я жьэм иджыри жьэдэлъу,

31 Тхьэм и губжьыр абыхэм къахуэкӀуэри, я нэхъ гуащӀафӀэхэр яхиукӀыкӀащ, израил щӀалэ хэплъыхьахэр Абы игъэкӀуэдащ.

32 ИтӀани гуэныхь лэжьыныр абыхэм зэпагъэуакъым, Абы и телъыджащэхэр ялъэгъуа пэтрэ, я фӀэщ хъуакъым.

33 Абы щхьэкӀэ я махуэхэр зэ жьыкъэшэгъуэкӀэ игъэбзэхащ, я илъэсхэри яригъэхьащ шынагъуэ хэт зэпыту.

34 Ящыщ куэд щахиукӀыкӀым, къэнам Абы зыхуагъэзэри, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэу щӀадзащ;

35 ягу къэкӀыжащ Тхьэр езыхэм зэряабрэмывэр, Псоми Я Нэхъ Лъагэр щхьэщэхужу зэраӀэр.

36 Ягу имылъу щӀыхь хуащӀурэ, пцӀы щаупсащ Абы и пащхьэм.

37 Щыпкъагъэ хураӀакъым Абы ягукӀэ. Абы къарищӀылӀэгъа зэгурыӀуэныгъэми хуэщыпкъэжакъым.

38 ИтӀани гущӀэгъу къахуищӀри, я бзаджагъэ яхуигъэгъуащ, игъэкӀуэдакъым, и губжьыр куэдрэ ирикъухыжащ, гъунэм нэсу зэщӀимыгъаплъэу.

39 Абы щыгъупщатэкъым – ахэр цӀыху къудейщ, жьы къепща нэхъей, кӀуэдыжынущ, абы къыгъэзэжыркъым.

40 Къум нэщӀым дапщэрэ Абы щыпэува ахэр, загъэкъейгъэуэ, цӀыху зэрымыс хэкум и гуи щыхагъэщӀа!

41 ЩӀэрыщӀэуи Ар ягъэунэхуащ, Израилым и Тхьэ ЛъапӀэм щхьэкӀуэ ирахащ.

42 Абыхэм ящӀэжыртэкъым Тхьэм и гуащӀэ здынэсри, бийм къащыӀэщӀихыжа махуэри,

43 Мысырым ит Цоан губгъуэм телъыджащэу, нэщэнэ щӀагъуэу къыщигъэлъэгъуахэри.

44 Япсхэри я псыкъуэжхэри лъы защӀэ ищӀащ абы, ефэ мыхъужыну;

45 гъудэбадзэр къахуигъэкӀуащ, къедзэкъэнхэу; екӀуэдылӀэну – хьэндыркъуакъухэр;

46 щӀыгу къыщыкӀхэр – хьэпӀацӀэм, я гъавэр мацӀэм яритащ;

47 я санэр икъутащ уэфкӀэ, я ахъуо жыгхэр псыдзэм иригъэхьащ;

48 я былымхэр зэтриукӀащ, я мэл хъушэхэм щыблэр къахидзащ.

49 МафӀэлыгъей яридзащ Абы, губжьри, гузэвэгъуэри, тхьэмыщкӀагъэри – зыгъэкӀуэд мелыӀыч гупым хуэдэу.

50 И губжьым гъуэгур хузэӀуихащ, ажалым щихъумакъым ахэр, емынэм иригъэхьащ.

51 Мысырым, Хьамэ и хэкум, щыпэлъху щӀалэ цӀыкӀухэр щигъэкӀуэдащ;

52 и лъэпкъыр, мэл хуэдэ, иришэжьащ, мэл хъушэм хуэдэу къум нэщӀым иришащ;

53 Ишащ ахэр шынагъуэ къалъимыгъэӀэсу, ауэ я бийхэр хым щӀригъэлъэфащ;

54 и хэку лъапӀэм иришащ ахэр, Езым и Ӏэ ижьымкӀэ къызыхуихьыжьам;

55 цӀыху лъэпкъхэр абы ирихури, я щӀыгур ятригуэшащ абыхэм, Израилым и цӀыху лъэпкъхэр я унэхэм щӀигъэтӀысхьащ.

56 Ауэ Тхьэуэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр ягъэунэхуащ абыхэм иджыри, пэувурэ загъэкъейгъэт, и псалъэ гъуазэхэм едаӀуэртэкъым;

57 икӀуэтыжащ, я адэхэм хуэдэу, я дуней тетыкӀэ щыпкъагъэ хэлътэкъым, шабзэшэ щхьэрыуа нэхъей, гъуэгум дэхырт.

58 ЩӀыпӀэ лъагэхэм тхьэ нэпцӀхэм тхьэлъэӀупӀэхэр хутрагъэувэурэ, ягъэгубжащ Ар. Тхьэ нэпцӀ сурэтхэмкӀэ фыгъуагъэ игу кърагъэхьащ.

59 Абыхэм ящӀар щилъагъум, Ар губжьышхуэм зэщӀищтащ, Израил зэримыпэсу хъуащ.

60 И псэупӀэр Шило щибгынащ – цӀыхум щахэтам щыгъуэ иӀа унэр.

61 ЗэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэр бийм и Ӏэм ирилъхьащ Абы – И лъэкӀыныгъэр, и щӀыхьыр зыдэлъар.

62 И цӀыху лъэпкъыр джатэм и щӀагъ ищӀащ, Езым и цӀыхухэм яхуэгубжьащ Ар.

63 Я щауэхэр зауэм и мафӀэм ихьагъэххэти, нысашэ уэрэд жаӀэжыртэкъым я пщащэхэм.

64 Я щоджэнхэр джатэм хигъэщӀащ, я лӀахэр ягъэеин ялъэмыкӀыжу фызабэхэр къызэхэнащ.

65 Ауэ Зиусхьэныр къызэщыужам хуэдэу, санэм игъэжакъуэ цӀыхум ещхьэу,

66 зэкӀэщӀихуащ и цӀыху лъэпкъым и бийхэр, емыкӀу мыухыж къахуихьащ.

67 Исуф къытехъукӀахэм хуэмейуэ, Эфраим лӀакъуэри Абы къыхихакъым,

68 къахихар Иудэ и лӀакъуэрщ, Цион Ӏуащхьэу фӀыуэ илъэгъуар.

69 И унэшхуэр игъэуващ уафэ лъагэхэм хуэдэу; щӀыгуу игъэпсам хуэдэу, игъэбыдащ ар игъащӀэкӀэ.

70 Езым и и ӀурыщӀэ Даут къахихащ, мэлхэр зыдэт пщӀантӀэу

71 хъушэм щакӀэлъыплъым къыдишри, Израилым и пащтыхь ищӀащ, мэлыхъуэм хуэдэу, Тхьэм и цӀыху лъэпкъыр къришэкӀыну.

72 Гу къабзэкӀэ абыхэм хуэлэжьащ, И Ӏэ угъурлымкӀэ къришэкӀащ ахэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan