Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 76 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


76-нэ Уэрэд Тхьэм гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм я гукъеуэр ящхьэщех

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Пшынауэ пашэ Эдутун папщӀэ. Асаф и уэрэд

2 Си тхьэусыхафэр Тхьэм изохьэлӀэ, си макъ соӀэт, Абы сыкъыхихын папщӀэ.

3 Гугъуехьым сыщыхэт махуэм Зиусхьэным сылъохъу; си Ӏэр щӀэмычэу шиящ жэщым; гупсэхугъуэ згъуэтын слъэкӀыркъым.

4 Тхьэр сигу къыщыкӀыжкӀэ сыхощэтыкӀ; си гупсысэхэм гупсэхугъуэ къызатыркъым.

5 Си напӀэ зэтезбгъалъхьэркъым; гукӀуэдыгъэм сыкъигъэпсалъэркъым.

6 Согупсыс махуэ блэкӀахэм, илъэс блэкӀахэм я зэманым;

7 жэщ гупсысэхэм сагъэтыншыркъым, согупсыс, сызоупщӀыж:

8 «Зиусхьэным дыхыфӀидзэпауэ, зыкӀи къытхуэмыфӀыжу ара?

9 Абы и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр зэпыуагъэпэ, дыкъызэригъэгугъар ямыгъэщыпкъэжыну ара щӀэблэхэм?

10 Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»

11 Абы щхьэкӀэ жызоӀэ: «Мыращ сигу къеуэр – Псоми Я Нэхъ Лъагэм и Ӏэ зэблихъуащ».

12 Зиусхьэн, сигу изгъэлъынщ уи ӀэщӀагъэхэр; Ӏуэху щӀагъуэу ижькӀэ Уэ блэжьахэр сигу къэзгъэкӀыжынщ.

13 Ӏуэхуу зепхьа псори сигу изгъэлъынщ, Ӏуэхушхуэу зэфӀэпхахэм сегупсысынщ.

14 Ди Тхьэ! Уи гъуэгур лъапӀэщ. Ди Тхьэ, Уэр хуэдэу хэт иныр?

15 ГъэщӀэгъуэн дыдэхэр зылэжьыф Тхьэр Уэращ. ЛъэкӀыныгъэшхуэу Уэ уиӀэр цӀыху лъэпкъхэм къебгъэлъэгъуащ.

16 Уи гуащӀэ инкӀэ къэпщэхужащ уи цӀыху лъэпкъым и щхьэр – Екъубрэ Исуфрэ къытехъукӀахэр.

17 Уэ, ди Тхьэ, уалъэгъуащ псыхэм, псыхэм ущалъагъум, къэшынэри, псыщӀэ куухэр тхытхащ.

18 Пшэхэм псыр къракӀыхыу, уэгум щыблэр щыуэу, уи бжыкӀхэр дэнэкӀи щыджэгуащ.

19 Уи щыблэр къэуащ хьэрыгъажэ шэркъым и макъым хуэдэу, бжыкӀхэм дунеишхуэр къагъэнэхуащ; щӀыр зджызджащ, зэщӀэхъаери.

20 Уи гъуэгур хым хыхьащ, уи лъагъуэр псышхуэхэм зэпрыкӀащ, ауэ уи лъэужьхэр къыхэщакъым.

21 Мусэрэ Хьарунрэ я ӀэкӀэ, Ӏэщ хъушэ хуэдэу, къепшэкӀащ уи цӀыху лъэпкъыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan