Уэрэд 75 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр75-нэ Уэрэд ТекӀуэныгъэ къэзыхь Тхьэр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу. Асаф и уэрэд. Уэрэд 2 Тхьэр щащӀэ Иудэ хэкум; Израилым щагъэлъапӀэ Абы и цӀэр. 3 Абы и псэупӀэр Щалем щигъэуващ, и унэр – Цион Ӏуащхьэм. 4 Шабзэшэ псынщӀэхэр, джатэр, мэӀур, къинэмыщӀ Ӏэщэхэр Абы щикъутащ абдежым. 5 Уэ сыту уин, уи щӀыхьышхуэр зэи мыкӀуэдыж бгы лъагэхэм нэхърэ нэхъ инщ. 6 ЗауэлӀ бланэхэм трахащ я Ӏэщэр, къэмыушыжыну жеящ, я Ӏэхэр къаӀэтын ялъэкӀыркъым зауэлӀхэм. 7 Уэ уащыхуэгубжьым, Екъуб и Тхьэ, шыри шым тесри хэщӀащ. 8 Ущынагъуэщ Уэ; Уи губжьыгъуэм уи пащхьэ итын хэт лъэкӀын? 9 Уафэм къикӀыу, Уэ уи хьэкум цӀыхухэм ебгъэщӀащ; щӀыр къаскӀэри, Ӏэсэ хъуащ – 10 щӀым егъэзыгъэу тет псори къригъэлын папщӀэ, хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм. 11 ЦӀыхум я губжьыр Уэ щӀыхь пхуэхъужынщ: губжьым и кӀэкъинэр Уэ бгъэӀэсэнщ. 12 ЗэгурыӀуэныгъэ дэфщӀ Тхьэм, Зиусхьэным, фи Тхьэм, ефта псалъэр вгъэзащӀэ; Ар къэзухъуреихьхэм тыгъэхэр хурехь шынагъуэшхуэр зыхуаӀэм. 13 Абы пщыхэр егъэӀэсэ, пащтыхьышхуэхэри егъэшынэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden