Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 74 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


74-нэ Уэрэд Тхьэуэ хьэкумыщӀэр

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд. Уэрэд

2 ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ, щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу. Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ.

3 «ПӀалъэ згъэувынщи, хьэкум ятесщӀыхьынщ Сэ щыпкъагъэкӀэ.

4 ЩӀыгур мэхъей, мэкӀэзыз абы тет псори; абы и пкъохэр сэ согъэбыдэ».

5 ЯжызоӀэ зыкъызыфӀэщӀыжхэм: «ФыкъызыфӀэмыщӀыж»; ЯжызоӀэ цӀыху бзаджэхэми: «Фи гуащӀэ ину къызыфӀэвмыгъэщӀ.

6 Фи гуащӀэ ин дыдэу къызыфӀэвмыгъэщӀ, фыщыкӀауэ фымыпсалъэ».

7 Сыту жыпӀэмэ цӀыхур зыӀэтыр къыздикӀыр къуэкӀыпӀэркъым, къухьэпӀэркъым, губгъуэ нэщӀыркъым, –

8 Тхьэращ хьэкумыр зыщӀэр: зыр егъэлъахъшэ, адрейр хеӀэтыкӀ.

9 Сыту жыпӀэмэ Ӏэгубжьэр Зиусхьэным ӀэщӀэтщ, абы санэр къыщокъуалъэ, изыбзэу зэхэгъэкӀухьауэ; абы итыр къахурегъахъуэ. Иужьрей дыдэ ткӀуэпсым нэсу, цӀыху бзаджэхэр абы ефэнщ псори?

10 Сэ игъащӀэкӀэ яхуэсӀуэтэнщ Екъуб и Тхьэм и щӀыхьыр, щӀыхь хуэсщӀынщ уэрэдкӀэ.

11 БзаджащӀэхэм я гуащӀэр Тхьэм икъутэнщ, Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр лъагэу иӀэтынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan