Уэрэд 73 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр73-нэ Уэрэд Тхьэм и унэшхуэр зэракъутэгъам теухуа тхьэусыхэ уэрэд Тхьэм и лъэпкъыр къригъэлын папщӀэ тхьэлъэӀу. Асаф и уэрэд 1 Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа? 2 Уи цӀыху лъэпкъыу, къызэрыхэпхрэ бэ щӀауэ, зи щхьэ пщэхужыгъар уи лъэпкъ хъуну уигу къэгъэкӀыж. Цион Ӏуащхьэу уи псэупӀэ зыдэщыӀари уигу къэгъэкӀыж. 3 ЛӀэщӀыгъуэбэ зи ныбжь къутахуэхэм нэхъ благъэу екӀуалӀэ: уи унэшхуэм и кӀуэцӀ псори зэхикъутащ бийм. 4 Бийхэр уи унэшхуэм текӀуэныгъэм ипкъ къикӀыкӀэ щыгъуэхъуащ; я бэракъхэр фӀадзащ абы. 5 Мэзым щӀэт лӀыуэ жыгхэр джыдэкӀэ изупщӀыкӀым хуэдащ ахэр. 6 Джыдэрэ уадэкӀэ зэ уэгъуэм зэхакъутащ сурэт хэбзыкӀа дахэхэр; 7 Уи унэшхуэр мафӀэм ирагъэхьащ лъабжьэм нэсыху; Уэ узыщагъэлъапӀэ унэшхуэр яуцӀэпӀащ. 8 ЯгукӀэ жаӀащ: «ЛъапсэкӀуэдыр къахуэдгъэкӀуэнщ абыхэм». Тхьэм и зэӀущӀапӀэу хэкум итхэр ягъэсащ. 9 Дызэрыгъуэзэн нэщэнэ щӀагъуэ тлъагъужыркъым, бегъымбари щыӀэжкъым, апхуэдэу зэрыщытынур зыхуэдизыр къыджезыӀэни къытхэтыжкъым. 10 Сыт хуэдизрэ, ди Тхьэ, бийм мыскъарэ узэрищӀынур, Уэ уи цӀэр ягъэпудыну игъащӀэкӀэ? 11 Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр, уи Ӏэ ижьыр епхьэкӀрэ? Сыт щхьэкӀэ уи Ӏэр уи гуфӀакӀэ дэбгъэлърэ? 12 Ди Тхьэ, пащтыхьу удиӀэщ ижь-ижьыж лъандэрэ, ди хэку текӀуэныгъэ куэд къыхуэпхьащ! 13 Хыр гуащӀэу уиӀэмкӀэ зэгуэпчащ, хым хэс псэущхьэ бзаджэхэм я щхьэхэр яхуэпкъутащ. 14 Левиатыным и щхьэхэр пкъутэри, губгъуэ нэщӀым ис цӀыхухэм гъуэмылапхъэ ящӀыну ептащ. 15 Псы къыщӀэжыпӀэ къэпщӀащ Уэ, псыр къэбутӀыпщащ, Уэ псышхуэхэр ибгъэгъукӀащ. 16 Махуэр ууейщ Уэ, жэщри ууейщ; Дыгъэмрэ къэзыгъэнэхумрэ Уэ къибгъэуващ. 17 Уэ бгъэуващ щӀыгу гъунапкъэхэр, гъэмрэ щӀымрэ бгъэнэхуащ Уэ. 18 АтӀэ уигу къэбгъэкӀыжыркъэ: Зиусхьэныр бийм къеуб, цӀыху акъылыншэхэм уи цӀэр ягъэпуд, Зиусхьэн. 19 Уи цӀыхухэу уи тхьэрыкъуэ Ӏэсэхэр хьэкӀэкхъуэкӀэм яӀэщӀумылъхьэ; Уи цӀыхухэу тхьэмыщкӀэхэр, хуэмыщӀахэр зыщумыгъэгъупщэ. 20 ЗэгурыӀуэныгъэу къыдэпщӀылӀам еплъыж, щӀыгу псом и къуапэ кӀыфӀхэм цӀыху залымхэм я псэупӀэхэр из хъуащ. 21 ЛъэгущӀэт ящӀа цӀыхум и напэр трумыгъэх, тхьэмыщкӀэмрэ хуэмыщӀамрэ уи цӀэр ирегъэлъапӀэ. 22 Зыкъэужьи, ди Тхьэ, хъумэ уи Ӏуэхухэр, цӀыху акъылыншэхэм махуэ къэс узэраубыр уигу къэгъэкӀыж; 23 уи бийхэм я кӀий макъи къыппэувхэм зэпымыууэ ягъэӀу макъи зыщумыгъэгъупщэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden