Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 71 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


71-нэ Уэрэд Пащтыхьым папщӀэ тхьэлъэӀу

1 Уэ, си Тхьэ! Ди пащтыхьым хьэкумщӀыкӀэ егъащӀэ, Уи щыпкъагъэр игу илъхьэ.

2 Уи лъэпкъым – щыпкъагъэкӀэ, тхьэмыщкӀэу уиӀэхэм – захуагъэкӀэ уадызекӀуэурэ, тепщэныгъэр иреӀэ.

3 ЩыпкъагъэкӀэ псэу лъэпкъхэм бгыхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ берычэтыр къахурехь.

4 ЦӀыху лъэпкъым тхьэмыщкӀэу хэтхэм я Ӏуэху кърехъумэ, кърегъэл зылъэмыкӀхэр, цӀыхухэр егъэзыгъэ зыщӀхэр зэхрекъутэ.

5 Дыгъэмрэ мазэмрэ щыӀэху, урегъэлъапӀэ уи цӀыхухэм – щӀэблэхэр зэкӀэлъыкӀуэу.

6 ПаупщӀа мэкъупӀэр къигъэкӀыжу, уэру къытешхэурэ, щӀыгур зыгъэщӀытэж уэшхым хуэдэ ди пащтыхьыр ирехъу.

7 Пащтыхьым тетыгъуэр ӀэщӀэлъыху, зреуфэбгъу захуагъэм, иребагъуэ мамырыгъэр, мазэр щыӀэху.

8 Хым щегъэжьауэ хым нэсыху, Псым щегъэжьауэ щӀы гъунэм нэсу, абы тетыгъуэр иреӀэ.

9 Губгъуэ нэщӀым ис цӀыхухэм бгъэгукӀэ зыщрадзых абы и пащхьэм, сабэм иребзей и бийхэр.

10 ХытӀыгухэм, Таршышым я пащтыхьхэм абы къуэды кърырет. Шэбэмрэ Сэбэмрэ я пащтыхьхэм тыгъэ къыхурехь.

11 Пащтыхь псоми щхьэщэ къыхурыращӀ абы; хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.

12 Сыту жыпӀэмэ къулейсызи, тхьэмыщкӀи, дэӀэпыкъуэгъу зимыӀи, елъэӀу псори гугъуехьым къыхешыж абы.

13 Игу ящӀогъу къарууншэхэм, егъэзыгъэ хъуахэм, къулейсызхэм я псэр кърегъэл.

14 Егъэзыгъэ цӀыхухэр залымыгъэкӀэ ягъэпсэухэр яӀэщӀехыж; и цӀыхухэм я псэхэр абы дежкӀэ лъапӀэщ.

15 Пащтыхьыр бэрэ ирепсэу, Щэбэ и дыщэм щыщ абы кърырет! ФылъаӀуэ зэпымыууэ Тхьэм и нэфӀ махуэ енкӀэ абы къыщыхуэну.

16 Щребагъуэ хэгъэгум гъавэр Ӏуащхьэхэми гъэр бэв щрехъу; Ливан Ӏуащхьэм зэрыщыбагъуэм хуэдэу, бэв ирехъу. ЩӀым удзыр зэрыщыуэрым хуэдэу, къалэхэм цӀыхур щребагъуэ;

17 абы и цӀэр игъащӀэкӀэ щреӀэ, иремыкӀуэд дыгъэр щыӀэху. Лъэпкъхэм абы и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. ЦӀыху лъэпкъ псоми Ар гъуэгу махуэ теувауэ жреӀэ.

18 ЩӀыхь хуэфщӀ Израилым и Тхьэу Зиусхьэным, телъыджащэхэр зылэжь закъуэм.

19 ЩӀыхьышхуэ зиӀэ и цӀэм лъытэныгъэ хурещӀ игъащӀэкӀэ. Абы и щӀыхьыр щӀыгум дэнэкӀи тез щрехъу. Ӏэмин! Ӏэмин!

20 Ишай и къуэ Даут и тхьэлъэӀухэр иухащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan