Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 70 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


70-нэ Уэрэд ЛӀыжьым и тхьэлъэӀу

1 Уэ, ди Тхьэ, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызомыгъэхь игъащӀэкӀэ!

2 Уэ щыпкъагъэу уиӀэмкӀэ хьэзабым сыхэшыжи, сыкъегъэл. Уи тхьэкӀумэ къысхуэгъази, хьэзабым сыхэшыж.

3 Сыкъэзыхъумэ мывэбг быдапӀэ лъэщ къысхуэхъу, сыту жыпӀэмэ Уэращ егъэзыпӀэуи быдапӀэуи сиӀэр.

4 Си Тхьэ! ЦӀыху бзаджэхэм, мызахуэхэм, залымхэм саӀэщӀэх.

5 Сыту жыпӀэмэ Уэращ, Зиусхьэн, сызщыгугъыр, си цӀыкӀугъуэм щыублауэ си дзыхьщӀэгъур.

6 Сыкъыщалъхуам щегъэжьауэ, Уэращ сэ къысщӀэӀэр; си анэ и ныбэ сызэрырищӀэ лъандэрэ укъысхуэгумащӀэщ. Уэ щӀыхьу пхуэсщӀыр зэпыункъым.

7 Сэ бэм щапхъэ сахуэхъуащ; Уэ щхьэегъэзыпӀэ щыпкъэ усхуэхъуащ.

8 Си жьэкӀэ сыпщытхъу зэпытщ, Уи щӀыхьыр зэпымыууэ соӀуатэ махуэ енкӀэ.

9 Си жьыхъугъуэм сыхыфӀомыдзэж. Си гуащӀэм кӀэрич щыхъукӀэ си закъуэу сыкъыумыгъанэ.

10 Сыту жыпӀэмэ псалъэ гуауэхэр сэр папщӀэ яӀуатэ си бийхэм, си псэм къещэхэр зэрогъэӀущыж.

11 «Ар Тхьэм къибгынащ, – къысхужаӀэ, – фылъежьи, къэвубыд, абы къыщхьэщыжьын иӀэкъым».

12 Си Тхьэ! Спэжыжьэ зумыщӀ. ДэӀэпыкъуэгъу укъысхуэхъуну псынщӀэу къэс си деж, си Тхьэ.

13 ЕмыкӀу кърырехь, ирекӀуэд бий зыкъысхуэзыщӀхэр; сызыгъэунэхуну хуейхэм я напэ трекӀ, мыгъуэ ирехъу!

14 Сыт щыгъуи сыпщыгугъынущ Уэ, щӀыхьу пхуэсщӀым хэзгъэхъуэнщ.

15 Махуэ къэси сӀуэтэнщ сэ Уэ пхэлъ щыпкъагъэри, дымыкӀуэду дыкъебгъэлын папщӀэ къытхуэпщӀахэри, я бжыгъэ плъытэн плъэмыкӀынуми.

16 Уэ, Зиусхьэну ди Тхьэ, уи унэшхуэм сыщӀыхьэнщ, Уи ӀэщӀагъэшхуэхэм, уи щыпкъагъэм я щӀыхьэр дэни щысӀуэтэнщ сэ.

17 Си цӀыкӀугъуэм щегъэжьауэ сыбоущий Уэ, ди Тхьэ, уи ӀэщӀагъэ телъыджэхэр иджыри къэс соӀуатэ.

18 Жьы сыхъуху, си щхьэр тхъуху, сумыбгынэ Уэ, ди Тхьэ, мы щӀэблэми къыкӀэлъыкӀуэну щӀэблэхэми уи гуащӀэмрэ лъэкӀыныгъэ ину уиӀэмрэ зыхуэдэр яхуэсӀуэтэху.

19 ГуащӀэу пхэлъри щыпкъагъэу уиӀэри уафэхэм нэсащ, ди Тхьэ. Ӏуэхугъуэшхуэхэр зэфӀэпхащ Уэ; Ди Тхьэ, хэт хъун Уэ пхуэдэ?

20 Шэчыгъуейуэ, тхьэмыщкӀагъэ куэдыр Уэ къысхуэбгъэкӀуащ сэ, ауэ щӀэрыщӀэу сыкъэбгъэпсэужурэ, щӀым и кууупӀэм сыкъыщӀэпшыжынщ.

21 СыпӀэтынщ Уэ лъагэу, гупсэхугъуэ къызэптыжынщ.

22 ПшынэкӀэ сыдежъууэ, Уэ щӀыхь пхуэсщӀынщ, щыпкъагъэу къытхууиӀэм и щӀыхь, си Тхьэ, шыкӀэпшынэм уи щӀыхь уэрэд сэ къизгъэкӀынщ. Израилым и Тхьэ лъапӀэ!

23 Макъ лъэщкӀэ уэрэд пхужысӀэ щыхъукӀэ, си Ӏупэр гуфӀэм зэлъещтэ, си псэу къебгъэлари аращ.

24 Бзэуэ сӀурылъым махуэ енкӀэ уи щыпкъагъэр иӀуэтэнщ, сыту жыпӀэмэ мыхъун къызащӀэн зыфӀэигъуэхэм емыкӀу къатехуэурэ, я напэр текӀащ абыхэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan