Уэрэд 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7-нэ Уэрэд Захуагъэм ехьэлӀа тхьэлъэӀу 1 Биниамин лӀакъуэм щыщ Куш и Ӏуэху ехьэлӀауэ, Зиусхьэным зыхуигъазэу, Даут иуса гъыбзэ 2 Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ! ЩхьэегъэзыпӀэкӀэ зыныпхузогъазэ сэ; сыкъезыхуэкӀхэм псоми сащыхъумэ, саӀэщӀэх; 3 дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щызимыӀэм деж аслъэным хуэдэу къызжьэхэпхъуэхэм сызэралъафэурэ, сызэхомыгъэшхыхь. 4 Зиусхьэн, си Тхьэ! Зыгуэр сӀэщӀэщӀамэ, си Ӏэхэм ящӀэм захуагъэ хэмылъмэ, 5 мамыру къыздэпсэуам бзаджагъэкӀэ сыдызекӀуамэ, лажьэ зимыӀэ сэ бий къысхуэхъуар схъунщӀамэ, – 6 абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ. 7 ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, уи губжьым ухэту, си бийхэм я губжьышхуэм сыщыхъумэ, си хьэтыркӀэ зыкъэгъэхъей – хьэкум ятепщӀыхьыну бухэсащ. 8 ЦӀыху куэд дыдэ кърыроувэкӀ; абыхэм я щхьэкӀэ лъагэу къиувэ. 9 Зиусхьэным цӀыху лъэпкъхэм хьэкум ятрещӀыхь. Зиусхьэн, си щыпкъагъэрэ си къабзагъэкӀэ къыстещӀыхь хьэкум. 10 БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых, щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ: Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ! 11 ЗигукӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэращ сэ сыкъэзыхъумэ мэӀур. 12 Тхьэр хьэкумыщӀ захуэщ, махуэ къэси ткӀийуэ ер егъэкъуаншэ Тхьэм. 13 И гуэныхьхэм зыгуэр хущӀемыгъуэжмэ, Тхьэм и джатэр щӀелъыкӀ, и шабзэр еузэдри бзэпсыр ешэщӀ; 14 ажал Ӏэщэхэр хуегъэхьэзыр, уалыгъуэн ещӀ и шабзэшэхэр. 15 ЦӀыху Ӏейм и гум бзаджагъэм лъабжьэ щещӀри, гужьгъэжьыр и фэ хэлъщи, пцӀыр абы къелъху. 16 Мащэ куур етӀ, итӀа мащэм езыр йохуэж. 17 Абы и гужьгъэжьыр езым и щхьэм къылъосыж, и бзаджагъэр и щхьэм къытохуэж. 18 Зиусхьэным и щыпкъагъэм папщӀэ щӀыхь хузощӀ, Псоми я нэхъ Лъагэу Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь уэрэд хужызоӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden