Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 69 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


69-нэ Уэрэд ДэӀэпыкъуэгъум хуагъэхьа тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд. Тхьэм игу зыкъэдгъэкӀыжын папщӀэ

2 Уа, ди Тхьэ, сыхэшыж, Зиусхьэн, къепсынщӀэкӀ дэӀэпыкъуэгъу укъысхуэхъуну.

3 Я напэ трырекӀ, емыкӀуи кърехь си псэм къещэхэм! Мыгъуагъэ къызэхъулӀэн зыфӀэигъуэхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж!

4 «Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!» къызжаӀэурэ къысщыдышхыхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж.

5 ИрегуфӀэж, ягу кърырехьэж, зыкъыпхуэзыгъазэ псоми! Уи фӀыгъэкӀэ къызэрелынум щхьэкӀэ фӀыщӀэ зыщӀхэм зэпымыууэ жраӀэ: «Ин дыдэщ Тхьэр!»

6 Сэ сытхьэмыщкӀэщ, сыфакъырщ. Уэращ си дэӀэпыкъуэгъур, сыхэзышынур. ПсынщӀэӀуэу си деж къакӀуэ, ди Тхьэ. Зиусхьэн! Зумыгъэгувэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan