Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 67 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


67-нэ Уэрэд Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и щӀыхьышхуэмрэ

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Къретэдж Тхьэр, зэбгрырекӀыж Абы и бийхэр. Ар зылъагъу мыхъухэр Абы и пащхьэ ирекӀыж!

3 Зэбгрыху Уэ ахэр, Ӏугъуэр зэрыкӀуэдыжым хуэдэу; Тхьэм и пащхьэ щрекӀуэд бзаджащӀэхэр, мафӀэм шэхур зэригъэткӀум хуэдэу.

4 Тхьэм хуэщыпкъэхэм гукъыдэж ирегъуэтыж, Тхьэм и пащхьэм щрегуфӀэж, ХъеркӀэ гуфӀэгъуэшхуэ ирыреӀэ.

5 Ди Тхьэм уэрэд хужыфӀэ, Абы и цӀэм щытхъу уэрэд хужыфӀэ, Уафэгум щызекӀуэм щӀыхь хуэфщӀ; Абы и цӀэр Зиусхьэнщ; Абы и пащхьэ фыщыгуфӀэ.

6 Ибэм я адэу, фызабэм я хъумакӀуэу, Тхьэр и псэупӀэ лъапӀэм щыӀэщ.

7 Зи закъуэхэр Тхьэм унэм щегъэпсэу, Ӏэхъулъэхъур ярехыж, гухуит-щхьэхуит ещӀыж хьэпсым исхэр, зызыгъэкъейгъэхэр къум нэщӀ пщтырым къренэ.

8 Ди Тхьэ! Уи цӀыху лъэпкъым и пэ уиту, къум нэщӀым къыщыщыпкӀухьым,

9 щӀыр хъеящ, къежэхащ уэшхыр, Уэ, Тхьэуэ, Израилым и Тхьэу – Синай къущхьэм къыщылъэгъуа Тхьэм и пащхьэ.

10 Уэшхышхуэ къебгъэшхащ Уэ, Тхьэм, уи хэгъэгу гуащӀаджэр зэтебгъэувэжащ.

11 Абы итӀысхьащ Уэ уи цӀыху лъэпкъыр; Уэ уи фӀыгъэкӀэ, ди Тхьэ, бгъэхьэзыращ тхьэмыщкӀэхэр зыхуэныкъуэ псори.

12 Зиусхьэным унафэ ищӀащ: Бзылъхугъэбэм текӀуэныгъэм и хъыбар зэрахьащ.

13 Дзэм я пащтыхьхэм щӀатхъуж, мажэ, ауэ унэм къина бзылъхугъэхэм, чэтым къыщӀэна пэтми, къуентхъыр ягуэш:

14 зи дамэхэр дыжьыныпс егъэфауэ, зи къабзийхэр дыщэ къабзэкӀэ псыхьауэ тхьэрыкъуэ анэм хуэдэ пкъыгъуэхэр.

15 ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэм, пащтыхьхэр щызэбгрихужым, Цалмон къущхьэм уэс къыщригъэсащ.

16 Тхьэм и къущхьэщ – Башан къущхьэр! Щыгубэ зиӀэ къущхьэщ – Башан къущхьэр!

17 Сыт уэ, шыгубэ зиӀэ къущхьэр, уехъуапсэу ущӀеплъыр Тхьэм псэупӀэкӀэ игу ирихьа къущхьэм – Зиусхьэныр игъащӀэкӀэ зыщыпсэунум?

18 Тхьэм и хьэрыгъажэхэр бэ дыдэщ, миным къыщызэтенэркъым. Абыхэм яхэту, Зиусхьэныр Синай къущхьэм къехри, и унэшхуэ лъапӀэм щӀыхьащ.

19 Ар Ӏуащхьэ лъагэм дэкӀащ, гъэрхэр зыдришеящ, цӀыхухэм тыгъэхэр къратащ, Тхьэр къизымыдзэ къейгъэшыхэри яхэту. Зиусхьэну Тхьэр абы щыпсэунущ.

20 ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну ди къинхэр махуэ къэси зезыхьэм; Езыращ дыкъезыгъэлыр.

21 Тхьэр дэркӀэ Тхьэ къегъэлакӀуэщ; Зиусхьэну ди Зиусхьэныращ ажалым дыӀэщӀэзыхыжыр.

22 Тхьэм икъутэнщ и бийхэм я щхьэр, щхьэщыгу бацэхэу хабзэншэ гъуэгум щыкъейгъэхэр.

23 Зиусхьэным жиӀащ: «Башан къыщезгъэгъэзэжынщ, къыщӀэсшыжынщ хым и щӀэм уи бийхэр,

24 уи хьэхэр зэрыхэфым хуэдэу бийм и лъым уи лъакъуэхэр хэбгъэувэну».

25 Тлъэгъуащ узэрызекӀуэр, Уэ, си Тхьэуэ си Пащтыхь, Унэшхуэ лъапӀэм узэрыщызекӀуэр;

26 уэрэдыӀуэхэр япэ итащ, пшынауэхэр я ужькӀэ кӀуащ, фэнтӀрыпӀхэр зыӀыгъ пщащэхэр яку дэтащ:

27 «Фэ, Израил къытекӀахэр, зэхуэсышхуэм фыхэту Тхьэуэ Зиусхьэным щӀыхь щыхуэфщӀ!»

28 Бин-Ямин лӀакъуэу я нэхъ цӀыкӀур япэ итщ; Иудэ пщыхэр я гупым хэту, Зэбулон пщыхэри Нафталый пщыхэри къакӀэлъокӀуэ.

29 Зэхэугъуае уи гуащӀэ, си Тхьэ, къэгъэнаӀуэ гуащӀэу къытхуэбгъэлъэгъуар.

30 Ерусалим дэт унэшхуэм ущыӀэу, Уэ къыпхуахь пащтыхьхэм я тыгъэхэр.

31 ГъэӀурыщӀэ Мысырырэ къамылым хэс хьэкӀэкхъуакӀэхэр, гъэӀурыщӀэ цӀыху лъэпкъхэу шкӀэхэр зыхэт вы хъушэхэм хуэдэхэр; абыхэм псоми щхьэщэ къыпхуащӀу я дыжыныр къыпхуахьыху, икъухь зауэм щӀэхъуэпс цӀыху лъэпкъхэр.

32 ЦӀыху лъэрыхьхэр къикӀынщ Мысырым; Тхьэм трашэщӀэнщ я Ӏэхэр – Ефиопием щыщ цӀыхухэм.

33 ЩӀыгум и пащтыхьыгъуэхэм Тхьэм уэрэд хужыфӀэ, уэрэдкӀэ фӀуатэ Зиусхьэным и щӀыхьыр –

34 уафэгум я уафэгужым игъащӀэкӀэ къыщызыкӀухьым. Абы Езым и макъ къеӀэт – гуащӀэшхуэ зиӀэ макъыр.

35 Тхьэм щӀыхьыр ефпэс! Тепщэныгъуэшхуэ хуиӀэщ Абы Израилым, гуащӀэ ин дыдэу Абы хэлъыр пшэм хыболъагъуэ.

36 Уи унэшхуэм, ди Тхьэ, щынагъуэшхуэ щыуиӀэщ. Израилым и Тхьэм и цӀыху лъэпкъым гуащӀэрэ лъэкӀыныгъэрэ кърет. Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan