Уэрэд 66 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр66-нэ Уэрэд Ӏуэныгъэ уэрэд 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэхэмкӀэ дежьууэ 2 Ди Тхьэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ, уи нэфӀ къытщыгъахуэ; уи нэгум и нэху къыттегъапсэ, 3 дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну. 4 Ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм щӀыхь къыпхурещӀ, щӀыхь къыпхурещӀ цӀыху лъэпкъ псоми! 5 ИрегуфӀэ, щӀыхь уэрэд ирегъэӀу лъэпкъ мащӀэхэм! Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми хьэкум захуэ ятыбощӀыхь Уэ, лъэпкъ мащӀэхэри уогъэӀурыщӀэ. 6 Ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм щӀыхь къыпхурещӀ, щӀыхь къыпхурещӀ цӀыху лъэпкъ псоми! 7 И лэжьыгъэ щӀыгум кърырет: Тхьэм и нэфӀ къытщрехуэ – ди Тхьэм! 8 Тхьэм и нэфӀ къытщрехуэ, щӀыгум дэнэкӀи щыпсэу цӀыхухэм Абы фӀэлӀыкӀ хурыреӀэ! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden