Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 65 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


65-нэ Уэрэд Тхьэм уелъэӀунымрэ щӀыхь хуэпщӀынымрэ я уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ

1 ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.

2 Абы и цӀэм хужыфӀэ щытхъу уэрэдыр. Лъытэныгъи щӀыхьи хуэфщӀ Абы.

3 ЖефӀэ Тхьэм: «Уи Ӏуэху щӀагъуэхэм лъэщу уагъэшынэ! ГуащӀэу Уэ пхэлъыр бэ дыдэщи, Уи бийхэр уи пащхьэ щохыщӀэ.

4 Щхьэщэ къыпхуащӀ зэрыщӀыгуу, пхужаӀэ щытхъу уэрэд, уи цӀэм уэрэд хужаӀэ».

5 ФыкъакӀуи, феплъ Тхьэм и ӀэщӀагъэхэм, Тхьэр – шынагъуэщ, Ӏуэхуу зэрихьэхэм цӀыхухэм я гур егъэкӀэзыз.

6 Хыр щӀыгу ищӀащ Абы; ЦӀыхур лъэсу зэпрыкӀащ псым, абы деж дигъэгуфӀащ.

7 ЛъэкӀыныгъэ ину иӀэмкӀэ Абы тетыгъуэр иӀыгъщ игъащӀэкӀэ; Абы и нэм хамэ лъэпкъхэр елъагъу, Ар кърамыдзэу зызыгъэкъайгъэхэм зыкъремыӀэт.

8 ЦӀыху лъэпкъхэм, ди Тхьэм щӀыхь хуащӀ, Абы и щӀыхь макъ зэхрех цӀыхухэм.

9 Ди псэр къригъэлащ Абы, псэухэм дыхэтыну, дигъэцӀэнтхъуакъым.

10 Дыбгъэунэхуащ уэ, ди Тхьэ, дыжьыным хуэдэу къабзэ дыпщӀащ.

11 Уэ хъым дибгъэхуащ, ди дамэ хьэлъэхэр къытеплъхьащ Уэ,

12 дебгъэулъэгуащ цӀыхухэм, псыми мафӀэми дыпхыкӀащ, Уэ абыхэм дыкъыхэпшыжри, гупсэхупӀэм дипшэжащ.

13 Къурмэн гъэсынхэр сщӀыну, уи унэшхуэм сынихьэнщ, псалъэу уэстар згъэпэжынщ –

14 гугъуехьым сыхэту си ӀупэкӀэ жысӀар, си жьэ къыжьэдэкӀар.

15 Былым гъэшхахэр къурмэн Уэ пхуэсщӀынщ, къурмэныпхъэ мэлым я Ӏугъуэ пхуэзгъэуурэ; выхэр, ажэхэр къурмэн пхуэсщӀынщ.

16 Тхьэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэ псори фыкъакӀуи, федэӀу, Абы сэ къысхуищӀахэр фхуэсӀуэтэжынщ.

17 МакъышхуэкӀэ селъэӀуащ сэ Абы, и щӀыхьыр сӀэтащ си бзэкӀэ.

18 Си гум бзаджагъэ изгъэлъатэмэ, Зиусхьэным сызэхихынтэкъым.

19 Ауэ Тхьэм сызэхихащ, си лъэӀум и макъ къыщӀэдэӀуащ.

20 ЩӀыхьыр ейщ Тхьэуэ си тхьэлъэӀухэм нэмыплъ къезымытам, зи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыхэзымынам.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan