Уэрэд 64 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр64-нэ Уэрэд Тхьэм щӀыхьыр хуэфащэщ 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 2 Уэращ, ди Тхьэ, зыхуэфащэр Цион къалэм щӀыхь къыщыпхуащӀыну. Уэращ цӀыхухэм къуата псалъэр зыхуагъэщыпкъэжынур. 3 Уэращ къыхэзыхыр тхьэлъэӀур: цӀыху псори уи деж нэкӀуэнщ я гуэныхьхэм ябжь ятелъу. 4 Ди щыуагъэхэр хьэлъащэ къытхуэхъумэ, ахэр Уэ къытхуэгъэгъу. 5 Гъуэгу махуэ теуващ Уэ къыхэпхар, благъэ зыхуэпщӀауэ, уи пщӀантӀэм щыпсэунур! Уи унэм, уи унэшхуэ лъапӀэм и фӀыгъэхэмкӀэ зыдгъэтхъэжынщ. 6 Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэмкӀэ укъытпогъуэкӀ, текӀуэныгъэ къыдыбогъэхь, ди Тхьэ, ди КъегъэлакӀуэ, щӀыгум и къуапэ псоми щыпсэу цӀыхухэри, хы жыжьэхэм тетри Уэ къыпщогугъ. 7 Уи гуащӀэкӀэ бгъэуващ бгыхэр, лъэкӀыныгъэшхуэр уи фащэщ, 8 хыхэм я гъуахъуэ макъыр, хы уэрым и макъыр, къэбырсырурэ, цӀыху лъэпкъхэр уогъэӀэсэ. 9 ЩӀыгум и къуапэхэм щыпсэу цӀыхухэм ягъэщӀагъуэ уи Ӏуэху лъэщхэр. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи дыгъэ къухьэпӀэмкӀи гуфӀэгъуэ макъышхуэ щыбогъэӀу. 10 Уэ щӀыгум ухуогумащӀэ, зыхуэныкъуэр ибогъэгъуэт, и мылъкум жумарту хыбогъахъуэ. Тхьэм и псыхъуэм псыр дэзщ; Гъавэ щыбогъэкӀ, апхуэдэу псори бгъэпсащи; 11 уогъэнщӀ псыкӀэ вагъэмбэкъухэр, тыкъырышхуэхэр уогъэщащэ, ахэр уэшхкӀэ уогъэщабэ, абы игъэкӀхэм уи нэфӀ ящохуэ. 12 Гъэм тыгъэфӀхэр хубогъэфащэ. Уэ узэрыхьэм гъавэр щобагъуэ; 13 къум нэщӀым и хъупӀэхэми къэкӀыгъэхэр къыщыхокӀ, гуфӀэгъуэм зэлъеубыд Ӏуащхьэхэр. 14 ХъупӀэхэр Ӏэщым яуфэбгъу, аузхэр ягъэнщӀ гуэдз хьэсэхэм; уэрэд жаӀэ, гуфӀэгъуэ макъыр яӀэт. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden