Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 63 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


63-нэ Уэрэд Тхьэм укъиухъумэным и тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Си тхьэусыхэ макъ зэхэх Уэ, ди Тхьэ, си бийхэм сащошынэ – си псэр къегъэл.

3 СащыгъэпщкӀу мэхъаджэхэм я гухэлъхэм, бзаджащӀэхэм – я гухэлъ щэхухэм.

4 Джатэ хуэдэ жанщ я бзэр; зэфӀэдзащ я шабзэр – яутӀыпщын хьэзырщ я псалъэ дыджыр,

5 лажьэ зимыӀэм щэхуу еуэнхэу; ахэр йоуэ абы, мыӀэнкуну, шынэхэркъым.

6 Гухэлъ бзаджэкӀэ зэрогъэгушхуэ; ЗэрогъэӀущ лъахъэхэр ягъэпщкӀуну; жаӀэ: «Хэт зылъагъунур?»

7 Гухэлъ бзаджэхэр зэхалъхьэ абыхэм, къагупсыса я хьилэшыгъэр щӀэуфащ, цӀыхум и акъылрэ и гупсысэрэ куущ, къэщӀэгъуейщ.

8 Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр; уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.

9 Езыр-езыру, я бзэкӀэ, загъэкӀуэдыжынщ абыхэм, я щхьэр ягъэсысынщ ахэр зылъагъу псоми.

10 Щышынэнщ цӀыху псори Тхьэм, Абы и Ӏуэхухэр яӀуэтэнщ, абыхэм егупсысэнщ.

11 Зиусхьэным хуэщыпкъэхэр щыгуфӀыкӀыу, щхьэегъэзыпӀэ ирещӀ щыпкъагъэ зигу илъ псоми, Абы щӀыхь хурырещӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan