Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 62 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


62-нэ Уэрэд Тхьэм ухуэзэшыныр

1 Иудэ къум нэщӀым щыӀэу, Даут жиӀа уэрэд

2 Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр, сыплъохъу, сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш; щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу, щӀыгу псыншэм сыщыӀэу си пкъыр пхуопабгъэ.

3 Уи унэ лъапӀэм ущыслъэгъуащ, уи гуащӀэрэ уи щӀыхьрэ слъэгъуащ.

4 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.

5 ЩӀыхь пхуэсщӀынщ сыпсэуху, сынолъэӀуурэ, си Ӏэхэр сӀэтынущ.

6 Шхын ӀэфӀым арэзы сыкъищӀауэ, уи щӀыхьыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сӀуэтэнщ.

7 ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,

8 сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ, уи дамэ щӀагъым я жьаум гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.

9 Си псэр пкӀэрыпщӀащ Уэ. Уи Ӏэ ижьым сэ сиӀыгъщ.

10 Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.

11 Джатэ жанкӀэ иреукӀ ахэр, хьэӀуцыдзхэм пэщӀрехуэ.

12 Ауэ пащтыхьыр Тхьэм щыгуфӀыкӀынщ, хэтуи ирехъу, Тхьэм и цӀэкӀэ тхьэрыӀуэ зыщӀыр гуфӀэжынщ; сыту жыпӀэмэ пцӀы зыупсхэм я жьэр Тхьэм зэхуищӀыжынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan