Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 61 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


61-нэ Уэрэд Тхьэм укъихъумэным ущыгугъыныр

1 Пшынауэ Ӏэтащхьэ Едутун папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр; Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.

3 А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр, быдапӀэу сиӀэр – сыгулэзыжынкъым.

4 ЦӀыхуу блын ебам хуэдэм, набжэ цӀырхъ ещӀам ещхьым, дапщэрэ фытебэна, ивудын щхьэкӀэ?

5 Ар лъэгапӀэм кърадзыхыну абыхэм я мурадщ, пцӀыр я щӀасэщ абыхэм; фӀы жаӀэ я жьэкӀэ, ягукӀэ гыбзэм ирагъэхь.

6 Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр, сыту жыпӀэмэ Аращ сызыщыгугъыр.

7 А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр, быдапӀэу сиӀэр, сыгулэзыжынкъым игъащӀэкӀэ.

8 Гугъуехьым сыхэзышыжыр, щӀыхь къызэзытри Тхьэращ; лъэкӀыныгъэ зиӀэ абрэмывэу си щхьэегъэзыпӀэр Тхьэращ.

9 ЦӀыху лъэпкъыр! Сыт хуэдэ зэмани Абы фыщыгугъ; фи гурылъыр къыщыфӀуатэ Абы и пащхьэ. Тхьэр дэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ.

10 ЦӀыхум и къуэхэр – бэуэгъуэ къудейщ, лӀым и къуэхэр нэпцӀ зэфэзэщщ; тэрэзэм теплъхьэрэ пшэчмэ, зы мэскъали къашэчынукъым.

11 Къуентхъым фыщымыгугъ, хъунщӀэным фримыкъей, мылъкур багъуэмэ, абы фыхуэмынэхъуей.

12 Тхьэм зэ жиӀэри, сэ тӀэу зэхэсхащ – гуащӀэр Тхьэм дежщ здэщыӀэр.

13 Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Уэращ зиӀэр, ди Тхьэ, сыту жыпӀэмэ Уэ дэтхэнэми дыболъагъу илэжьам хуэфащэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan