Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 60 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


60-нэ Уэрэд Тхьэр си щхьэегъэзыпӀэщ

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу. Даут и уэрэд

2 Къызэхэх, Зиусхьэн, си гукъеуэ макъ, къедэӀу си тхьэлъэӀум!

3 ЩӀыгум и гъунэ сыщыӀэу, нэщхъеягъуэм сыхэту, сыноджэ: сыдэш абрэмывэу сэ сыздынэсын слъэмыкӀынум;

4 сыту жыпӀэмэ Уэращ си щхьэегъэзыпӀэр, Уэращ си бийхэмкӀэ быдапӀэ лъэщу сэ сиӀэр.

5 ИгъащӀэкӀэ сыщрепсэу уи унэшхуэм, Уи дамэ щӀагъым щхьэегъэзыпӀэ сыщреӀэ.

6 Сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, псалъэу уэстар зэхэпхащ, уи цӀэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм ягъуэт ӀыхьэфӀыр сэри къызэптащ.

7 Пащтыхьым и махуэм махуэхэр къыпыщэ; абы и илъэсхэр кӀыхь ящыщӀ щӀэблэ къэкӀуэнухэм.

8 Тхьэм къихъумэу ар и тахътэм трес игъащӀэкӀэ; лъагъунэгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ кърехъумэ ар.

9 Псалъэу уэстахэр сыт махуи сэри согъэпэж, уи цӀэм уэрэдкӀэ щӀыхь хузощӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan