Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


6-нэ Уэрэд Махуаем и тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд

2 Зиусхьэн! Губжь лыгъейм ухэту сумыгъэкъуаншэ, ущыгубжькӀэ сумыгъэпшынэ.

3 СыгуащӀаджэщ, Зиусхьэн, уи нэфӀкӀэ къызэплъ; си къупщхьэхэр къэкӀэзызащи, Ӏэзэгъуэ къысхуэхъу, Зиусхьэн.

4 Псэуэ схэтыр гумэщӀыгъэм зэлъищтащ; атӀэ Уэ, Зиусхьэн, сыт хуэдизрэ сызэбгъэжьэну?

5 Зыкъысхуэгъазэ Уэ, Зиусхьэн, къегъэл си псэр, мыкӀуэду, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ кӀуэдыпӀэм сишыж.

6 Сыту жыпӀэмэ ажал зыгъуэтам игу Уэ укъэкӀыжынукъым: хьэдрыхэ щыӀэу уи щӀыхьыр хэт яхуэзыӀуэтэнур?

7 Си щэӀуным сиухащ; си гъуэлъыпӀэм жэщ къэси нэпсыр щызогъажэ, си пӀэр си нэпсымкӀэ соуфэнщӀ.

8 Нэщхъеягъуэм ирихащ си нэр, иригъэгъукӀащ, жьы хъуащ си бийхэм я ягъэкӀэ.

9 СпэӀэщӀэ зыфщӀ бзаджащӀэхэм – зэхихащ си гъы макъыр Зиусхьэным.

10 Зэхихащ си лъэӀур Зиусхьэным; си тхьэлъэӀур къабыл ищӀынущ Абы.

11 УкӀытэжынщ си бийхэр псори, зэлъищтэнщ я нэгухэр шынагъуэм; зэщӀагъэкӀуэжынщ ахэр, напӀэзыпӀэм трахынщ я напэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan