Уэрэд 59 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр59-нэ Уэрэд Тхьэм гугъуехьым укъыхишыжыным теуха тхьэлъэӀу 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шушан-Эдут» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Яджын папщӀэ Даут иуса уэрэд 2 Месопотамие хэкумрэ Цовэ къалэмрэ ящыщ арамей цӀыхухэм Даут езауэ щыхъум, къэкӀуэжрэ пэт КӀей Шыугъэм деж эдом цӀыху мин пщыкӀутӀ Иоаб пащтыхьым щыщиукӀым, Даут иуса уэрэд 2 Месопотамие хэкумрэ Цовэ къалэмрэ ящыщ арамей цӀыхухэм Даут езауэ щыхъум, къэкӀуэжрэ пэт КӀей Шыугъэм деж эдом цӀыху мин пщыкӀутӀ Иоаб пащтыхьым щыщиукӀым, Даут иуса уэрэд 3 Уэ, ди Тхьэ! Дебгъэзащ дэ, дызэхэпкъутащ, укъытхуэгубжьащ: зыкъытхуэгъазэ. 4 Бгъэсысащ Уэ щӀыгур, зэхэпкъутащ, зэщыудауэ абы иӀэхэр зэфӀэгъэувэж, сыту жыпӀэмэ ар мэхъей. 5 Уи цӀыху лъэпкъым гугъуехь ебгъэшэчащ, дыщхьэщызыху санэ дебгъэфащ. 6 ФӀэлӀыкӀ къыпхуизыӀэхэм къахуэӀэт бэракъыр шабзэшэр къатемыхуэн папщӀэ; 7 Уэ фӀыуэ плъагъухэр гугъуехьым хэкӀыжын папщӀэ; Уи Ӏэ ижьымкӀэ сыкъегъэли, сызэхэх. 8 И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «ФыгуфӀэ, Шихэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ. 9 Гилеад, Мэнашэ сысейщ, Эфраим – си тажщ, Иудэ – си дыщэ къащӀэщ. 10 Моаб – зызэрыстхьэщӀ Ӏэгубжьэщ, Эдом – си шырыкъур тезгъэувэнщ, Филишт щӀыгум си макъыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ щысӀэтынщ». 11 Къалэ гъэбыдам хэт сыдэзышэнур? Хэт Эдом сынэзыгъэсынур? 12 Уэракъэ ӀэщӀыб дызыщӀауэ ди дзэм гъусэ къахуэмыхъур, ди Тхьэ? 13 Гугъуехьым дыхэтщ, къыддэӀэпыкъу – пщӀэншэщ цӀыхум ущыгугъыныр. 14 Тхьэр ди гъусэмэ, текӀуэныгъэр дыдейщ. Ар ятекӀуэнщ ди бийхэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden