Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 58 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


58-нэ Уэрэд Къэхъумэным папщӀэ тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» мэкъамэр щӀэлъэу ягъэӀу. Даут иукӀын папщӀэ, Шаул ар къэрэгъулыну и унэм щигъэкӀуам щыгъуэ Даут иуса уэрэд

2 СаӀэщӀэхыж си бийхэм, си Тхьэ! Сащыхъумэ къыспэувхэм!

3 СаӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм; лъым щӀэнэцӀхэм саӀэщӀэхыж.

4 Сыту жыпӀэмэ ахэр къощэ си псэм; цӀыху мэхъаджэхэр зэкъуэтщ, къыстебэнэнхэу ягу илъу; хабзэншагъэкӀэ сыпсэуауэ, гуэныхь злэжьауэ аракъым, Зиусхьэн;

5 лажьэ симыӀэми, зэрыгъэугъуеяуэ, загъэхьэзыр къызэзэуэнхэу; укъыздэӀэпыкъуну къэтэдж, сыкъэлъагъу.

6 Уэращ Зиусхьэныр, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр, Уэращ Израилым и Тхьэр, хамэ лъэпкъхэр бгъэпшынэну къэтэдж, уащымысхь къумал гъэпцӀакӀуэхэм.

7 Ахэр пщыхьэщхьэкӀэ къокӀуж, хьэхэм хуэдэу пщӀэууэ, къалэ гъунэхэм къыщаджэдыхь.

8 Убэ псалъэхэр къытраупцӀэ абыхэм я жьэкӀэ; я бзэгухэр джатэм хуэдэщ, сыту жыпӀэмэ иогупсыс: «Хэт дызэхэзыхыр?»

9 ауэ Уэ, Зиусхьэн, абыхэм уащодыхьэшх, хамэ лъэпкъхэр псори мыскъарэ уощӀ.

10 Уэращ гуащӀэ къызэзытыр; Уэращ сызэплъынур, сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, быдапӀэу узиӀэщ.

11 Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхузиӀэ си Тхьэр къыздеӀэнщ; си бийхэм ятекӀуауэ Тхьэм сигъэлъагъунщ.

12 Уащымысхь абыхэм, ауэ умыгъэкӀуэдыпэ, си цӀыху лъэпкъым ящымыгъупщэнхэу; икъухь унэншэу; уи гуащӀэкӀэ къедзых, Зиусхьэну ди мэӀуху.

13 Я жьэм къыжьэдэкӀ гуэныхьым папщӀэ, я Ӏупэм телъ псалъэхэм папщӀэ абыхэм я пагагъэр еудых. Зэрыубэм, пцӀы зэраупсым папщӀэ

14 яхуэгубжьи, гъэкӀуэд, гъэкӀуэд щымыӀэжынхэу; щӀыгу гъунэхэм нэсуи Израилым и Тхьэм тепщэныгъэ зэрахуиӀэр ирещӀэ.

15 Ахэр пщыхьэщхьэкӀэ къокӀуэж, хьэхэм хуэдэу пщӀэууэ, Къалэ гъунэхэм къыщаджэдыхь.

16 Къегъаджэдыхь, яшхыным лъыхъуэу, яшхын щамыгъуэткӀэ мэгъуахъуэ.

17 Нэхущым щегъэжьауэ уи гуащӀэм и щӀыхь уэрэд жысӀэнщ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и уэрэд; сыту жыпӀэмэ гузэвэгъуэ сыщыхэт махуэм Уэращ сэ быдапӀэуи щхьэегъэзыпӀэуи сиӀар.

18 Уэращ гуащӀэ сэ къызэзытыр! ЩӀыхь уэрэд пхужысӀэнщ, сыту жыпӀэмэ Уэращ, ди Тхьэ, быдапӀэу сиӀэр, Уэращ Тхьэуэ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan