Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 57 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


57-нэ Уэрэд Дунейм и хьэкумыщӀэхэм хеящӀэ яхуэхъунур

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд

2 Фэ, зиусхьэн лъэщхэ, Щыпкъагъэм тету къэфӀэта Ӏуэхухэр, хьэкумри захуагъэкӀэ ятефщӀыхьа цӀыхум я бынхэм?

3 Хьэуэ, щывохъумэ фэ фигухэм мызахуагъэр хабзэншагъэр фи ӀэхэмкӀи яхувогуэщ.

4 Къыщалъхуам щегъэжьауэ, цӀыху бзаджэхэр мэгъуащэ; анэм и ныбэ къыщикӀам щегъэжьауэ, пцӀы яупс, щоуэ.

5 Абыхэм я щхъухьыр блэ щхъухьым хуэдэщ, ущхъухьэкӀуэм и уэрэди,

6 я нэхъ ущхъухьэкӀуэ Ӏэзэм и макъи зэхэзымых блэ дэгуу зи тхьэкӀумэ зэхуэзыщӀам хуэдэщ.

7 Ди Тхьэ! Абыхэм я дзэхэр я жьэм жьэдэкъутыхь; къутэ, Зиусхьэн, аслъан жьэпкъхэр!

8 ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу; щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа шабзэшэм хуэдэ ирехъу.

9 ИрекӀуэд псым хэкӀуэдэжа хьэмлашкӀуэм ещхьу; бзылъхугъэм фӀэкӀуэдыжа сабийуэ дыгъэр зымылъэгъуам хуэдэу.

10 МафӀэр шыуаным къемыӀэ щӀыкӀэ бэрэжьейуэ пэралъхьагъащӀэри ныкъуэсу жьыбгъэм зэбгрырех.

11 Тхьэм хуэщыпкъэр, Тхьэм зэригъэпшынэр щилъагъукӀэ, къэгуфӀэнщ; цӀыху бзаджэм илъкӀэ итхьэщӀынщ абы и лъакъуэхэр.

12 ЖаӀэнщ цӀыхухэм: «Тхьэм хуэщыпкъэм щыпкъэ дыдэу егъуэт ӀыхьэфӀ! ЩыӀэщ щӀыгум хьэкум щызыщӀэ Тхьэ!»

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan