Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 56 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


56-нэ Уэрэд ДэӀэпыкъуэгъум папщӀэ Уэрэд

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Шаул зыфӀигъэпщкӀуэрэ, бгъуэнщӀагъым щӀыхьауэ, Даут иуса уэрэд

2 ГущӀэгъу къысхуэщӀ, ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ; си псэм щхьэегъэзыпӀэ зыщигъуэтыр уи дежщ, сызыхэт тхьэмыщкӀагъэр сщхьэщыкӀыху, сэ Уэ уи дамэм я щӀагъ сыщӀэтынщ.

3 Тхьэуэ Псом я Нэхъ Лъагэм солъэӀу, и гухэлъ къысхуэзыщӀ Тхьэр.

4 Къригъэхынщ уафэгум дэӀэпыкъуэгъу, сыхэзыутэхэр игъэукӀытэнщ Абы; и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр си гъусэнщ, щыпкъагъэкӀи къыздызекӀуэнщ.

5 Сэ сахэхуащ аслъэнхэм; сахэлъщ цӀыхур зэтезышхыхьхэм; абыхэм я дзэр бжым, шабзэшэм, я бзэгур джатэ жаным хуэдэщ.

6 Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр, щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щрыреӀэ.

7 Си лъакъуэм лъахъэ къыхуагъэхьэзыращ; си гур кӀуэдыпащ; си пащхьэм щатӀащ мащэ, арщхьэкӀэ абы ихуахэр езырхэщ.

8 СигукӀэ сыбыдэщ, ди Тхьэ; уэрэд жысӀэнущ, щӀыхьу сиӀэр уэрэдкӀэ сӀуэтэнущ.

9 Къэуш, си псэ. Къэуш пшынэдыкъуакъуэр, шыкӀэпшынэр! Сэ нэхущыр къэзгъэушынщ.

10 ЦӀыху лъэпкъым сахэту, уи щӀыхьыр, Зиусхьэн, сэ сӀуэтэнщ; лъэпкъ мащӀэм сахэту, уи щӀыхьыр уэрэдкӀэ сӀуэтэнщ.

11 Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын уи лъагъуныгъэр уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэщ, уи щыпкъагъэр уафапшэхэм нос.

12 Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр; щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щреӀуатэ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan