Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 55 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


55-нэ Уэрэд Тхьэм ущыгугъыныр

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Мэкъамэр: «Жыгей мэзым хэс тхьэрыкъуэ анэр». Филиштхэм Гат къалэм щыщаубыдым, Даут иуса уэрэд

2 Ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ! Сыту жыпӀэмэ цӀыхухэм сыхаутэ; махуэ енкӀэ кэытебанэхэурэ, къыспэувхэм гузэвэгъуэм сыхадзэ.

3 Махуэ енкӀэ сыхаутэ си бийхэм; загъэпагэурэ, бэ зэрогъэхъу къыстебанэхэр!

4 Шынагъуэм сыщиубыдкӀэ, ди Тхьэ, сэ Уэращ сызыщыгугъыр.

5 Тхьэуэ зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым сыщогугъ, сыщышынэркъым; сыт къызищӀэфын лӀэжыну цӀыхум?

6 ЖызмыӀахэр къыстралъхьэ махуэ енкӀэ; ягу къысхуэкӀ псори бзаджагъэщ.

7 Зэругъуеяхэщ, заущэху, си лъэбакъуэр ябж, къызощэ си псэр ягъэныну.

8 Я бзаджагъэр егъэпшыныж, ди Тхьэ, уи губжьыгъуэм цӀыху лъэпкъхэр гъэлъахъшэ.

9 Си гукъеуэ псори плъытащ, си нэпсхэр зыхуэдизыр зэгъащӀэ – уи тхылъым итхакъэ ахэр?

10 Сэ Уэ сыныщолъэӀу махуэм зэщӀэкӀуэжащ си бийхэр; мыр сощӀэ сэ: Тхьэр къыскъуэтщ.

11 Тхьэуэ зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым, Зиусхьэну зи псалъэм щӀыхь хуэсщӀым, сыщогугъ.

12 Тхьэм сыщогугъри, сышынэркъым; цӀыхум сыт къызищӀэфын сэ?

13 Ди Тхьэ, псалъэ быдэу уэстар згъэпэжын хуейуэ си хьэкъщ сэ, щӀыхь къурмэнхэр пхуэсщӀынщ.

14 Сыту жыпӀэмэ Уэ си псэр ажалым щыпхъумащ, сымылъэпэрэпэни сыпщӀащ – гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и пащхьэ нэхум сыщызекӀуэну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan