Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 54 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


54-нэ Уэрэд КърахуэкӀ лӀым и тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд

2 Къызэхэх, ди Тхьэ, си тхьэлъэӀур, зыщумыгъэпщкӀу си лъэӀум

3 КъызэдэӀуи, жэуап къызэт; срагъэшащ къину сызыхэтым; сагъэгупсэхуркъым

4 бий макъыу зэхэсхым, цӀыху бзаджэм егъэзыгъэ сызэращӀым; сыту жыпӀэмэ абыхэм къиным сыхадзэ, губжьым хэту сэ сагъэбий.

5 Си гур къокӀэзызыкӀ, сыӀэщӀэхуащ ажал шынагъуэшхуэм.

6 Сошынэ сэ, сокӀэзыз, шынагъуэшхуэм сызыӀэщӀиубыдащ.

7 Абдежым сэ жысӀащ: «Тхьэрыкъуэм и дамэм хуэдэ сиӀатэмэ, жыжьэу сыӀулъэтыкӀыжынти, гупсэхугъуэ згъуэтыжынт;

8 жыжьэу сыхыхьэжынти, губгъуэ нэщӀым ситынт;

9 жьапщэмрэ уаемрэ защысхъумэным сыхуэпӀэщӀэнт».

10 ЗэӀыгъэхьэ я гухэлъхэр, Зиусхьэн, я бзэхэр зэхэгъэзэрыхь; сыту жыпӀэмэ залымыгъэрэ зэныкъуэкъурэ щыслъэгъуащ къалэм.

11 Жэщми махуэми абыхэм къалэм и блынхэр хъурейуэ къакӀухь; бзаджагъэрэ тхьэмыщкӀагъэрэ къыщохъу.

12 УзэкӀуэдылӀэнщ абы къыщыхъур: егъэзыныгъэмрэ хьилагъэмрэ абы и уэрамхэм дэкӀыркъым.

13 Сыту жыпӀэмэ сэ сызыубыр бийракъым – ар сшэчын слъэкӀынт; си жагъуэгъуркъым сызыгъэпудыр – абы зыщызгъэпщкӀун слъэкӀынт;

14 уэращ сэ къыспэщӀэувэр – си ныбжьэгъурщ, си благъэрщ, си нэӀуасэ дыдэрщ;

15 Щхьэихауэ дызэдэуэршэру, дызэщӀыгъуу къыщыткӀухьырт Тхьэм и унэшхуэм.

16 КъахурекӀуэ ажалыр абыхэм, ямыщӀэххэу псэу щӀыкӀэ ирекӀуэ хьэдрыхэ; сыту жыпӀэмэ я унэхэм изщ бзаджагъэр, ягухэми илъщ.

17 Ауэ сэ Тхьэм зыхуэзгъэзэнщи, Зиусхьэным сыкъригъэлэнщ.

18 Пщыхьэщхьэми, пщэджыжьми, шэджагъуэми сытхьэусыхэнщ сэ, сыгъынщ, Абы си макъыр зэхихынщ.

19 МамыркӀэ си псэр ящихъумэнщ къыспэувхэм – ахэр бэ мэхъу.

20 Тхьэм зэхихынщи, иж-ижьыж лъандэрэ и тахътэм тесым ахэр игъэӀэсэнщ; сыту жыпӀэмэ абыхэм захъуэжыркъым; Тхьэм ахэр щышынэркъым.

21 Дэ, мамыру псэухэм, дигъэбийурэ и Ӏэ къыттришэщӀащ си гъусам ди зэгурыӀуэныгъэм епцӀыжащ ар;

22 и Ӏупэр тхъум нэхърэ нэхъ щабэщ, ауэ игу жагъуэгъуныгъэр илъщ; и псалъэхэр дагъэм нэхърэ нэхъ щабэщ ауэ ахэр джатэ пцӀанэщ.

23 Уи гукъеуэр Зиусхьэным ехьэлӀи, Ар щӀэгъэкъуэну пхуэхъунщ. Тхьэм хуэщыпкъэр Абы игъащэкӀэ игъэплъэрэпэнкъым.

24 Уэ, ди Тхьэ, ажалым и мащэм ипшэнущ ахэр; лъым щӀэнэцӀхэм, хьилэшыхэм я гъащӀэм и ныкъуи къапсэункъым. Сэ Уэращ сызыщыгугъынур, Зиусхьэн.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan