Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 53 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


53-нэ Уэрэд Бийхэм уащиухъумэнкӀэ тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу

2 Зиф цӀыхухэр къакӀуэу, «Дэнэ Даут зыщигъэпщкӀуар?» жаӀэу Шаул къыщеупщӀым, Даут иуса акъылыфӀагъэ уэрэдыр.

3 Ди Тхьэ! Уи цӀэкӀэ сыкъегъэл, уи гуащӀэкӀэ сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы.

4 Ди Тхьэ! Си тхьэлъэӀур къызэхэх! Си псалъэм уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.

5 Сыту жыпӀэмэ зыкъыспаӀэтащ напэншэхэм, си псэм къощэ цӀыху залымхэр; абыхэм Тхьэр ӀэщӀыб ящӀащ.

6 Аращ, Тхьэр сэ си дэӀэпыкъуэгъущ; Зиусхьэныр щӀэгъэкъуэн къысхуохъу.

7 Си бийхэм я щӀэпхъаджагъэр яригъэпшыныжынщ. Уи щыпкъагъэкӀэ гъэкӀуэд ахэр.

8 Сэ къурмэн пхуэсщӀынщ си гуапэу, Уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ ар фӀыщ.

9 Сыту жыпӀэмэ си тхьэмыщкӀагъэ псоми Уэ сыкъыхэпшыжащ, си бийхэр хэгъэщӀауэ слъэгъуащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan