Уэрэд 52 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр52-нэ Уэрэд ЦӀыхухэм я бзаджагъэр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд 2 Акъылыншэм игукӀэ жеӀэ: «ЩыӀэкъым Тхьэ». Абыхэм я акъылыр зэкӀуэкӀащ, Бзаджагъэ Ӏейхэр ялэжьащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым абыхэм 3 Тхьэр уафэгум къоплъыхри, цӀыхум и къуэхэм къахоплъэ акъылыфӀэу, Езым лъыхъуэ яхэтмэ, ищӀэн папщӀэ. 4 Тхьэм и гъуэгум дэхащ псори, зэщыркъабзэу зэкӀуэкӀащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым зы нэрыбгэ закъуи. 5 Бзаджагъэ зезыхьэхэм зэхэщӀыкӀ ямыӀэу ара, щӀакхъуэ зэрашхым хуэдэу, си цӀыху лъэпкъыр зышхэу Тхьэм емылъэӀухэм? 6 Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ – зи хуэдэ къэмыхъуа шынагъуэм; уэ къыппэщӀэувэхэм я къупщхьэхэр Тхьэм ирикъухьынщ. ЕмыкӀу къебгъэхьынщ абыхэм, сыту жыпӀэмэ Тхьэм ӀэщӀыб ищӀащи. 7 Цион ӀуащхьэкӀэ къикӀыу Израил лъэпкъым къыхуэкӀуэнур хэт, бийхэм къаӀэщӀихыжыну? Зиусхьэным и лъэпкъыр гъэрыпӀэм къыщришыжкӀэ, Екъуб къытепщӀыкӀахэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтэнщ Израилым и цӀыхухэм ягъуэтынщ дэрэжэгъуэшхуэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden