Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 51 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


51-нэ Уэрэд Тхьэм и хьэкумымрэ и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и усыгъэ

2 Эдом щыщ Доиг къакӀуэу, Ахимэлэх и унэм Даут къызэрихьэгъам и хъыбар Шаул къыщыхуихьым, Даут иусащ.

3 Сыт уэ, цӀыху лъэщыр, бзаджагъэу пщӀамкӀэ ущӀызыщытхъужыр? Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр дапщэщи щыӀэнущ.

4 ЦӀыхур зэрыбгъэунэхъуным уогупсыс, уи бзэгур сэ жан зэщӀэлъыкӀам хуэдэщ уэ, хьилагъэ зезыхьэм!

5 ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.

6 УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.

7 Абы папщӀэ узэхикъутэнщ уэ Тхьэм, уричынщ, уи унэ урихунщ, псэ зиӀэу цӀыгум тетхэм яхигъэкӀуэдыкӀыжынщ уи лъапсэр.

8 Тхьэм хуэщыпкъэхэм ар ялъагъунщ, Зиусхьаным щышынэнущ, А цӀыхум щыдыхьэшхыурэ, жаӀэнщ:

9 «Мыращ Тхьэр щхьэегъэзыпӀэ зымыщӀу, и мылъкум щыгугъыу, и бзаджагъэр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэзыщӀыжа цӀыхур».

10 Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,

11 Уэ блэжьам папщӀэ щӀыхь пхуэсщӀынщ игъащӀэкӀэ; уи хъыбар уи цӀыху лъапӀэхэм зэлъезгъэщӀэнщ узэрэфӀым папщӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan