Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 50 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


50-нэ Уэрэд Гуэныхь гъэгъуным и тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Батшэбэ бзылъхугъэм деж ихьа нэужь, Натан бегъымбарыр къыщыхуэкӀуэм, Даут иуса уэрэд.

3 Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу пхэлъымкӀэ, ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ, си хабзэншагъэхэр схуэгъэкӀуэд уи гущӀэгъуныгъэкӀэ.

4 СкӀэрыгъэкъэбзыкӀыж бзаджагъэу злэжьар, си гуэныхь къысхуэгъэгъуи, къабзэ сыщӀыж.

5 Сыту жыпӀэмэ бзаджагъэу злэжьар зыдызощӀэж, гуэныхьу злэжьахэр си пащхьэ илъщ.

6 Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар, мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ, Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ, сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ, сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.

7 Аращ, сигу илъащ бзаджагъэ – си анэ и ныбэ сызэрилъ лъандэрэ, си анэ сыкъызэрилъху лъандэрэ, гуэныхьыр сигу илъащ.

8 Аращ Уэ пфӀэигъуэр, цӀыхум игу илъыну щыпкъагъэр, Аращи, акъылыфӀагъэм и щэхухэр сыгъащӀэ.

9 Къыстеутхи иссоп, къабзэ сыхъужынщ, сытхьэщӀи, уэсым нэхъ хужь сыхъужынщ.

10 ГуфӀэгъуэрэ нэщхъыфӀагъэмрэ я хъыбар зэхэзгъэхи, гужьеигъуэм сыхэбдзауэ щытыгъами, сыгуфӀэжынщ.

11 Гуэныхьу злэжьам Уэ уемыплъ, гъэкӀуэдыж си гуэныхьхэр псори.

12 Тхьэ, къысхэлъхьэ сэ гу къабзэ, зэблэхъу си гурылъыр, къэгъэбыдэ сигу.

13 Уи пащхьэ сумыгъэкӀ, Уэ уи Псэ ЛъапӀэр сигу имылъыну умыщӀ,

14 сыкъызэребгъэлым и гуфӀэгъуэр къыслъреӀэс, гу хьэзыр сиӀэну сыгъэбыдэ.

15 Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.

16 Лъы гъэжэным сыщыхъумэ, Уэ, Тхьэм, сымыкӀуэду сыкъезыгъэла Тхьэм, уи щыпкъагъэм щӀыхь хуэсщӀынщ си бзэкӀэ.

17 Зиусхьэн! Си жьэ къызэтехи, Уэ щӀыхь пхуэсщӀынщ.

18 Сыту жыпӀэмэ Уэ къурмэн ухуейкъым – сэ къурмэн пхуэсщӀынт, къурмэн гъэсынми уигу хуэкӀуэркъым.

19 Тхьэм дежкӀэ къурмэн щыпкъэр зигу хэщӀарщ, игу къутауэ щӀегъуэжар ӀэщӀыб пщӀынукъым.

20 ФӀыгъэу пхэлъымкӀэ фӀы хуэщӀэ Цион къалэм, Ерусалим и блынхэр зэтегъэувэж.

21 Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan