Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-нэ Уэрэд Тхьэм укъихъумэным и лъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. БжьамиймкӀэ дожьу. Даут и уэрэд

2 Къызэхэх си псалъэр, Зиусхьэн, си щэӀу макъым къедэӀу.

3 КъыщӀэдэӀу си гуо макъым, си Пащтыхь, си Тхьэ, Уэращ сызэлъэӀур.

4 Зиусхьэн! Нэхущ нэхъыпэу си макъыр къызэхыбохри, нэхущыгъуэм си Ӏуэхухэр уи пащхьэ изолъхьэри сыножьэ –

5 Уэ мызахуагъэр фӀыуэ зымылъагъу Тхьэуэ узэрыщытым щхьэкӀэ; бзаджагъэм лъэкӀынкъым уи гъусэн.

6 Щхьэщытхъухэм ялъэкӀынкъым уи пащхьэ иувэн. БзаджащӀэ псори Уэ уи жагъуэщ.

7 ПцӀы зыупсхэр уогъэкӀуэд Уэ; лъыгъажэмрэ хьилагъэмрэ Зиусхьэным нэмыплъ ярет.

8 Ауэ сэ, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэпщӀащи, сыкъихьэнщ Уи унэ, сыпфӀэлӀыкӀыу уи унэшхуэ лъапӀэм ущызгъэлъэпӀэнщ.

9 Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.

10 Сыту жыпӀэмэ абыхэм я бзэгупэм щыпкъагъэ телъкъым, я гурылъхэр узэкӀуэдылӀэнщ, я джийхэр бэн зэӀухащ, я жьэм къыжьэдэкӀыр щытхъу нэпцӀщ.

11 Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.

12 ЩхьэегъэзыпӀэ Уэ узыщӀ псори ирегуфӀэ, гуфӀэгъуэшхуэм игъащӀэкӀэ хэту уэрэд жреӀэ. Къэхъумэ Уэ ахэр; ЩӀыхь къыпхуащӀынщ уи цӀэр зыгъэлъапӀэхэм.

13 Сыту жыпӀэмэ щыпкъагъэ зиӀэм уи нэфӀ ящохуэ, Зиусхьэн; уи нэгум и фӀыгъэр, мэӀум хуэдэу, абы хъумакӀуэ хубощӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan