Уэрэд 49 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр49-нэ Уэрэд Тхьэр гукӀи псэкӀи гъэлъэпӀэныр Асаф и уэрэд 1 Къопсалъэ ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэу Тхьэуэ Зиусхьэныр щӀыгум и цӀыхухэм къоджэ дыгъэ къуэкӀыпӀэм щегъэжьауэ къухьапӀэм нэсу. 2 Цион Ӏуащхьэу дахагъэм и щапхъэм Тхьэр нэхунэу, дыгъэм хуэдэу къыщопс. 3 Къос ди Тхьэр, Абы зиущэхуркъым: Абы и пэ итщ мафӀэлыгъейр, жьыбгъэшхуэр къещӀэкӀащ Абы. 4 Ар уэгуми щӀыгуми щыхьэту къоджэ и цӀыху лъэпкъым хьэкум тригъэщӀыхьыну. 5 Къысхуэщыпкъэхэр къысхуэвугъуей къурмэн щӀыгъуэм сызыгурыӀуахэр. 6 Абы и щыпкъагъэ уэгум къыщоӀу. Езы Тхьэращ хеящӀэр. 7 «КъэдаӀуэ, сыкъэпсэлъэнущ, си цӀыху лъэпкъ; Израил, уэ узгъэкъуаншэу щыхьэт сыхъунущ; Сэ сы-Тхьэщ, сэращ уэ уи Тхьэр! 8 Къурмэну пщӀыхэракъым зэрызгъэкъуаншэр, къурмэну пщӀыхэр Сэ куэду солъагъу. 9 Уи унэ къикӀа тани уи пщӀантӀэ къыдэкӀа ажи Сэ сыхуэныкъуэкъым. 10 Сэ сысейщ хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, бгы минхэм ит былымхэри. 11 Сэ сощӀэ: бгым щызелъатэ бзу псори, губгъуэм ис псэущхьэ псори сысейщ. 12 МэжэщӀалӀагъэм сригъэзкӀи, уэ бжесӀэнукъым; сыту жыпӀэмэ Сэращ дунеишхуэри абы тет псори зейри. 13 Былымыл зэгуэрым сшха, ажэм и лъым сефа? 14 Тхьэм хуэпщӀ щӀыхьыр уи къурмэныпхъэ ирехъу, Псом я нэхъ Лъагэм псалъэу ептар гъэзащӀэ. 15 Къин щыплъагъу махуэм къызэджэ, укъыхэсшынщ, уэри щӀыхь къысхуэпщӀынщ». 16 Ауэ Тхьэм цӀыху бзаджэм къыжреӀэ: «Си унафэхэр сыт щӀэпӀуатэр, унафэу фхуэсщӀам и гугъу щӀэпщӀыр? 17 Си ущиехэм нэмыплъ епту, си псалъэхэм зыщыбодзей. 18 ДыгъуакӀуэр щыплъагъукӀэ, угуохьэ, куэпэчхэми уащӀыгъущ. 19 Бзаджагъэ жыпӀэну, уи жьэ зэтыбох, уи бзэгум хьилагъэхэр къепсэлъ. 20 УтӀысауэ, уи къуэш уоуб, уи анэ и дэлъху и мыхьэкъ, хуэмыфащэ йопэс. 21 Ар щыблэжьым, Сэ зыри жысӀакъым, уэ сыпхуэдэу плъытащ абы щхьэкӀэ. УкъыщӀызогъэщ иджы, уи пащхьэ къызолъхьэ гуэныхьу блэжьар. 22 ЗэхэфщӀыкӀ ар фэ, Тхьэр зыщыгъупщэхэм, армырмэ фызэхэстхъуэнщ, фыхэзышыжын фымыгъуэту. 23 Къурмэн хуэдэу, щӀыхь къысхуэзыщӀым сегъэлъапӀэ, зи гъуэгу ириплъэжыр къригъэлын Тхьэм зэрылъэкӀыр езгъэлъагъунщ». |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden