Уэрэд 48 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр48-нэ Уэрэд Мылъкум узэригъапцӀэр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд 2 Мыбы фыкъедаӀуэ цӀыху лъэпкъ псори; мыр зэхэфх, дунеишхуэм тет псори – 3 цӀыху къызэрыкӀуи, цӀэрыӀуи, беи, тхьэмыщкӀи! 4 Си псалъэм акъылышхуэ хэлъщ, си гупсысэхэм – зэхэщӀыкӀ. 5 Псалъэжьым хуэзгъэзэнщ си тхьэкӀумэ; пшынэдыкъуакъуэм и макъкӀэ зэхезгъэщӀыкӀынщ си щэху. 6 Къин махуэхэм сыт сыщӀэшынэнур, сыщӀэзыхуэхэм я бзаджагъэм сыкъыщаувыхькӀэ? 7 Я беигъэм щогугъ ахэр, мылъкушхуэ яӀэм зыщегъэтхъуж! 8 Дауэ зищӀми, и псэ ищэхужын лъэкӀынкъым цӀыхум, абы и уасэ Тхьэм иритыни лъэкӀынкъым. 9 Абы и псэр щэхужыгъуейщ, абы и уасэ тыгъуейщ – 10 игъащӀэкӀэ псэуну, хьэдрыхэ имылъагъуну. 11 Хэти елъагъу акъылыфӀэхэри зэрылӀэр; ахьмакъхэри акъылыншэхэри зэрылӀэу, я мылъкур нэгъуэщӀым къыхуонэ. 12 Абыхэм я бэныр унэ яхуэхъунущ игъащӀэкӀэ, къэхъуну щӀэблэхэм псэупӀэ яхуэхъунущ, щӀыгу я уней яӀами. 13 Щытхъуи мылъкуи иӀами, псэущхьэ кӀуэдыжым хуэдэ хъунщ цӀыхур. 14 Мыращ зи щхьэ щыгугъыжым къехъулӀэнур, Ӏыхьэу яӀэмкӀэ зыхуэарэзыжхэм кӀэух яхуэхъунур: 15 мэлым хуэдэу, яхунщ хьэдрыхэ, ажалыр Ӏэхъуэу яӀэнщ, бэным щӀэх ехыжынурэ, я Ӏэпкълъэпкъыр кӀуэдыжынущ, абыхэм я псэупӀэр – хьэдрыхэщ. 16 Ауэ Тхьэм си псэр ищэхужынщ, ажалым сыӀэщӀихынщи, сызришэлӀэжынщ. 17 ЦӀыхур бей хъуми, абы и быным и щӀыхь багъуэми, ущымышынэ абы, зомыгъэгъэгузавэ, 18 зыри зыдищтэнукъым, лӀамэ; и щӀыхьыр кӀэлъыкӀуэнукъым абы. 19 Псэуху насыпыфӀэу зилъытэми, зыхуейр къызэрехъулӀэм папщӀэ и щытхъу яӀуатэми, 20 ар и адэжьхэм – нэхунэр зымылъагъужынухэм – я деж кӀуэжынущ. 21 Щытхъуи мылъкуи иӀэми, псэущхьэ кӀуэдыжым хуэдэ хъунущ цӀыхур. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden