Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


47-нэ Уэрэд Цион Тхьэм и къалэщ

1 Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд

2 Ин дыдэщ Зиусхьэныр, ди Тхьэм и къалэм Абы щӀыхьышхуэ щыхуащӀ.

3 Абы и Ӏуащхьэ лъапӀэр лъагэщ икӀи дахэ дыдэщ, щӀыгу псори щогуфӀыкӀ Цион Ӏуащхьэм, Тхьэм и Ӏуащхьэ щыпкъэщ ар, Пащтыхьышхуэм и къалэщ.

4 Абы быдапӀэу дэтхэм Тхьэр зэрахъумакӀуэр ящӀэ.

5 Сыту жыпӀэмэ пащтыхьхэр зэӀущӀэри, псори абы ебгъэрыкӀуащ яубыну;

6 ялъэгъуащ Цион Ӏуащхьэр, гъэщӀэгъуэн дыди къащыхъуащ, къэшынэри щӀатхъужащ.

7 Ахэр хэхуащ шынагъуэм, лъхугъэм хэт бзылъхугъэр зыхэхуэ гузэвэгъуэм хуэдэм.

8 Жьыбгъэшхуэм Таршиш кӀуэ кхъухьхэр зэрихуэм хуэдэу, зэхэптхъуащ Уэ псори.

9 Зэрызэхэтхам хуэдэу, ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным и къалэу ди Тхьэм и къалэ. Тхьэм абы щилэжьа Ӏуэхухэр тлъэгъуащ дэ, Тхьэм игъащӀэкӀэ игъэуващ ар, щынагъуэ къылъэмыӀэсыну.

10 Уи унэшхуэм дыщӀэту, ди Тхьэ, Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыным догупсыс дэ.

11 Уи цӀэм хуэдэу, уи щӀыхьышхуэри, Тхьэ, щӀым и гъунэм нэсащ. Уи Ӏэ ижьым текӀуэныгъэри хахуагъэри къехь.

12 ИрегуфӀэ Цион Ӏуащхьэр, уи хьэкум захуэщ, иудэпхъухэр, Зиусхьэн, къыпхуогуфӀэ.

13 Цион Ӏуащхьэ фыкъыдекӀуэкӀыурэ, ихъуреягъкӀэ къэфкӀухь; Абы и чэщанэ лъагэхэр къэфлъытэ;

14 абы и дэпкъхэм фигу яхуэвгъазэ; и быдапӀэхэр къэфплъыхь, ди ужь къихъуэну щӀэблэхэм яхуэфӀуэтэжыну,

15 лӀэщӀыгъуэм лӀэщӀыгъуэр кӀэлъыкӀуэу мы Тхьэр ди Тхьэщ. Ар гъуазэ къытхуэхъунщ игъащӀэкӀэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan