Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 45 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


45-нэ Уэрэд Тхьэр ди гъусэщ

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. «Аламот» и макъамэм тегъэпсыхьащ

2 ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр Тхьэращ, гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ, Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.

3 Абы къыхэкӀкӀэ дышынэнкъым, щӀыгур зджызджами, бгыхэр къызэтелъалъэурэ хым хэджэразэми,

4 хыр къэукъубейрэ псыдзэр къытщӀэуэми, хы уалъэм бгыр зэрадзэми.

5 Тхьэм и къалэм щоушэ псы уэрхэр – Псом я Нэхъ Лъагэм и псэупӀэм.

6 Тхьэр абы и гупсэщ; щэнэуэнкъым а къалэр Нэхущыгъуэм Тхьэр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.

7 ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.

8 ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэныр ди гъусэщ, ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.

9 ФыкъакӀуи, зэвгъэлъагъу Зиусхьэным и Ӏуэхухэр – Ӏуэху щӀагъуэу щӀыгум щилэжьахэр.

10 ЩӀыгу гъунэм нэсу зауэхэр щегъэувыӀэ, зэпеч шабзэпсыр, зэпеуд бжыр, мафӀэм пэредзэри, мэӀухэр егъэс.

11 «Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ: цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ, сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».

12 ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр ди гъусэщ, ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan