Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


44-нэ Уэрэд Пащтыхьым и нысашэ уэрэд

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шуманым» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Лъагъуныгъэ уэрэд

2 Си гущӀэм къыщызэпощэ псалъэ дахэхэр; сэ жызоӀэ: Пащтыхьым папщӀэщ си уэрэдыр; си бзэгур – тхакӀуэ Ӏэзэм и къабзийщ.

3 ЦӀыхум и къуэхэм уэ уранэхъ дахэщ; уи жьэм фӀыгъуэр къыжьэдокӀ; абы папщӀэ Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ игъащӀэкӀэ.

4 Уи джатэр зыгуэпхэ, лӀы бланэ, уи дахагъэрэ уи щӀыхьрэ уаӀэту.

5 ТекӀуэныгъэр къыдэх, гужэрым итӀысхьи, щыпкъагъэм, захуагъэм папщӀэ; Уи Ӏэ ижьым и Ӏуэху гъэщӀэгъуэн дыдэхэр уэ уигъэлъагъунщ.

6 Жаныбзэщ уэ уи шабзэшэхэр; Пащтыхьым и бийхэм ягу ирахащ абыхэм, щехуэхынщ цӀыху лъэпкъхэр уи пащхьэ.

7 Тетыгъуэу Тхьэм къыуитар мыкӀуэдыжынщ. Уи тетыгъуэм и дамыгъэ къащӀэр – щыпкъагъэм и къащӀэ захуэщ.

8 Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр уи жагъуэщ уэ; абы папщӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм гуфӀэгъуэр уигъэгъуэтащ, уи гъусэхэм ебэкӀыу.

9 Уи щыгъыну хъуам – смирнэ, алое, касие дагъэм я мэ ӀэфӀ къапех. Пыл къупщхьэкӀэ ягъэдэха унэ дэгъуэхэм шыкӀэ пшынэм ущагъэгуфӀэ.

10 Уэ къыпхуэлэжьэну зыхуэбгъэфэща бзылъхугъэхэм пащтыхьхэм япхъухэр яхэтщ. Я нэхъ дыщэ къабзэр зи фащэу, щхьэгъусэ пхуэхъуну пщащэр уи ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ щытщ.

11 ДаӀуэ, пщащэ, плъэ, уи тхьэкӀумэ теубыди, зыщыгъэгъупщэ уи лъэпкъи уи адэ и уни.

12 Уи дахагъэм къыхуеинущ пащтыхьыр; сыту жыпӀэмэ Ар уи Зиусхьэнщ, аращи, Абы щхьэщэ уэ хуэщӀ.

13 Тирэ къалэм и цӀыхухэр, тыгъэхэр яӀыгъыу, лъэпкъым щыщу я нэхъ бей дыдэхэри, уигу ягъэзэгъэн папщӀэ, уэ къолъэӀунущ.

14 Щхьэгъусэ хуэхъуну пщащэр сэрейм щӀохьэ, абы и щыгъыныр дыщэ ӀуданэкӀэ дащ,

15 фащэ зэщӀэпщӀыпщӀэр щыгъыу пащтыхьым хуашэ абы и ужь итхэу пщащэхэр, абы и пщащэ ныбджэгъухэр уэ къыпхуашэ.

16 Къашэ нэжэгужэу, я гуфӀэгъуэшхуэу. КъыщӀохьэ сэрейм.

17 Уи адэжьхэм я пӀэкӀэ уи къуэхэр къэхъунщ, щӀыгум дэнэкӀи ахэр уэ пщыуэ щыбгъэувынщ.

18 ЩӀэблэ псоми уи цӀэр ящымыгъупщэжыну сэ сщӀынщ; абы папщӀэ цӀыху лъэпкъхэм игъащӀэкӀэ уи цӀэм щӀыхь хуащӀынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan