Уэрэд 43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр43-нэ Уэрэд ЦӀыху лъэпкъым и тхьэусыхэ 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд 2 Уэ Тхьэ, дэ зэхэтхащ ди тхьэкӀумэкӀэ, ди адэхэм пасэ зэманым Уэ бгъэхъахэр къытхуаӀуэтэжащ дэ. 3 Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ, абыхэм я хэкум ди адэжьхэр ибгъэтӀысхьащ; хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ, ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ. 4 Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ. 5 Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр! Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну унафэ щӀы. 6 Узигъусэмэ, ди бийхэм вым хуэдэу дэ дебжьэкъуэуэнщ; Къытпэувхэр лъакъуэкӀэ хэдгуэнщ дэ – Уи цӀэм и хьэтыркӀэ. 7 Сыту жыпӀэмэ сызыщыгугъыр си шабзэркъым, сыкъезыгъэлыр си джатэркъым. 8 Уэ ди бийхэм даӀэщӀэпхыжащ, дыкъэзылъэгъу мыхъухэр бгъэулъиящ. 9 Тхьэм щӀыхь хуэтщӀащ сыт щыгъуи, Уи цӀэм щӀыхь хуэтщӀынщ игъащӀэкӀэ. 10 Ауэ иджыкӀэ Уигу дихуащ дэ, емыкӀу къэдбгъэхьащ, ди дзэми уаныдежьэркъым, 11 бийм дребгъэхужьащ Уэ, ди жагъуэгъухэм дэ дахъунщӀащ. 12 Мэл хуэдэ дыфӀебгъэбзащ, хамэ лъэпкъхэм икъухьауэ дахуэбгуэшащ. 13 Уи цӀыху лъэпкъыр пщащ и мыуасэкӀэ, и пщӀэкӀи бгъэпудащ. 14 ИкӀагъэ къыдапэсыну дызыдэпсэу хамэхэм дептащ, дызыхэсхэр къытщыдыхьэшхыу, дызэрамыпэсын пщӀащ. 15 Хамэ лъэпкъхэр къытщӀэнакӀэу, хамэ лъэпкъхэм я щхьэ тхуагъэсысыжу Уэ пщӀащ. 16 Махуэ псом сызыщоукӀытэж, си напэр укӀытэм ес, 17 мыхъун къызжезыӀэу сызыубым я макъ зэхэсхмэ, си бийрэ къызэгуэуэнумрэ сыщыӀуплъэкӀэ. 18 Дэ утщымыгъупщагъэми, Уи зэгурыӀуэныгъэ дымыкъутами, а псори къыдэуэлӀащ. 19 Дэ дигу икӀуэтакъым, Уи гъуэгум дыдэхакъым, 20 итӀани хьэӀуцыдзхэм я щӀыгум дибгуашэри, хьэдэ джэбыныр къыттепхъуащ. 21 Ди Тхьэм и цӀэр тщыгъупщэу, хамэм и тхьэм делъэӀуну ди Ӏэр хуэтшиятэмэ, 22 Тхьэм ар ищӀэнтэкъэ? Сыту жыпӀэмэ гум и щэхухэр ещӀэ Абы. 23 Уэращ дызейр, ди псэр хахыну шынагъуэм дыхэтщ махуэ къэси, фӀабзыну мэлым хуэдэущ дызэралъытэр. 24 Дыкъэлъагъу, сыт узыхуэжейр, Зиусхьэн? Къэуш, думыщӀ ӀэщӀыб игъащӀэкӀэ. 25 Сыт щӀыщӀэбуфэр уи нэгу? Къиным дызэрыхэтыр, егъэзыгъэу дызэрыпсэур сыт щхьэкӀэ зыщыбгъэгъупщэрэ? 26 Ди Ӏур егъэзыхауэ дыщылъщ, щӀыгум дытраӀулӀауэ. 27 Зыкъэший, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъу, Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыным и хьэтыркӀэ Уэ дыхэшыж. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden