Уэрэд 42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр42-нэ Уэрэд 1 Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж. 2 Сыту жыпӀэмэ щхьэегъэзыпӀэкӀэ зызыхуэзгъазэ Тхьэр Уэращ. Сыт щхьэкӀэ сыхыфӀэбдза? Бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ? 3 Уи нэхунэрэ щыпкъагъэу пхэлъымрэ къыслъэгъэӀэс; абыхэм срырешажьи, срешэ уи Ӏуащхьэ лъапӀэмрэ уи унэшхуэ узыщыпсэумрэ я деж. 4 СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ. 5 Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden