Уэрэд 41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр41-нэ Уэрэд Тхьэм ухуэзэшыныр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корэх и къуэхэм я уэрэд 2 Бланэр псым зэрыхуэпабгъэм хуэдэу, си псэр Уэ къыпхуэзэшащ, ди Тхьэ! 3 Тхьэм, Тхьэ псэум хуэзэшащ си псэр: СыкӀуэу, дапщэщ Тхьэм и нэгу сыщиплъэнур? 4 «Уи Тхьэр дэнэ щыӀэ?» жаӀэу щӀэмычэу къызэупщӀ щыхъукӀэ, си нэпсыр жэщи махуи къыщӀож. 5 Гукъеуэшхуэм сызэлъищтауэ, а Ӏуэхухэр сигу къызогъэкӀыж, сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏувым сащӀыгъуу, махуэшхуэ зиӀэ цӀыхум я гуфӀэгъуэрэ я щытхъу макъымрэ сыхэту сэ сихьащ Тхьэм и унэшхуэм. 6 Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ, сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм. 7 Си псэр гукъыдэжыншэу мэхыщӀэ; абы къыхэкӀкӀэ Иордан щӀыгум, си хэку сыпэжыжьэу, Хьэрмон, Мицар къущхьэхэм ситу, сигу укъэкӀыжащ. 8 Уи псы уэрхэм я макъкӀэ Къуэ щӀэншэхэр зэподжэж; Уи псы уэрхэри уи псы уалъэхэри сэ сщхьэдэхакӀэщ. 9 Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр махуэм къыслъоӀэс, жэщым Абы уэрэд хужызоӀэ, гъащӀэ къызэзыт Тхьэм си тхьэлъэӀур изохьэлӀэ. 10 ЖызоӀэ Тхьэм, сыкъэзыхъумэ абрэмывэм: «Сыт щхьэкӀэ сыпщыгъупща? Сэ бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?» 11 Си къупщхьэхэр зэхагъэщащэ хуэдэ, мыхъунхэр къызжаӀэ си бийхэм, зэпымыууэ сэ къызаӀуэкӀ: «Дэнэ щыӀэ уи Тхьэр?» 12 Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden