Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


4-нэ Уэрэд Пщыхьэщхьэ тхьэлъэӀу

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд

2 СыныщоджэкӀэ сыкъызэхэх, Тхьэуэ си хьэкъыр сэ къызэзыт! ЩӀыпӀэ зэвым сыщихуам, ар Ӏэхуитлъэхуит схуэпщӀащ. ГущӀэгъу къысхуэщӀ, си тхьэлъэӀур къызэхэх.

3 Фэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм, си щӀыхьыр сыт хуэдизрэ вгъэпудыну? Ӏуэху пщӀэншэхэм зыдевгъэхьэхыу, пцӀым сыт хуэдизрэ фыхэтыну?

4 Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ зигу илъыр Езым папщӀэ къызэрыхихар зэвгъащӀэ: сэ сыщеджэкӀэ Зиусхьэным сызэхех.

5 Гузэвэгъуэм фыхэтми, гуэныхь фымыщӀэ; фи гъуэлъыпӀэ филъу фэр-фэрурэ фыгупсысэ, зывгъэӀэсэ.

6 Хабзэм тету къурмэн фщӀы, фыщыгугъ Зиусхьэным.

7 Куэдым жаӀэ: «ХуэщӀауэ дыпсэуатэмэ!» Уи нэгум и нэху къыттегъапсэ, Зиусхьэн!

8 ЦӀыхухэм гъавэмрэ санэмрэ щахуэбагъуэм си гуфӀэгъуэр Уэ нэхъыбэ пщӀащ.

9 Сигу псэхуауэ согъуэлъри сожей, сыту жыпӀэмэ Уэ Зырщ, Зиусхьэн, шынагъуэншэу сызыгъэпсэур.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan