Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 38 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


38-нэ Уэрэд Къиным хэтым и гур зэӀуех

1 Пшынауэ пашэ Едутун папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Сэ жысӀащ: си бзэгукӀэ гуэныхь сымыщӀэну, сыхуэсакъынщ си гъуэгум; цӀыху бзаджэр си пащхьэ итыху, си жьэ быдэу сӀыгъынщ.

3 Сыбзэгуащ, сымакъыншащ, зызущэхуащ, си фӀагъэ къэмыкӀуами, сигу узым хэхъуащ.

4 МафӀэм зэщӀищтащ си гур, мафӀэр къащӀэнащ си гупсысэхэм; абы щыгъуэ си бзэгукӀэ сыкъэпсалъэу сыхуежьащ:

5 Зиусхьэн, къызжеӀэ си гъащӀэр щызухынур – сыгъащӀэ махуэхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр, пӀалъэ гъэнэхуа сызэриӀэр сыгъащӀэ.

6 Аращ, бжьизым хуэдэу, махуэхэр Уэ къызэптащ, УэркӀэ си гъащӀэр щымыӀагъэххэм хуэдэщ. Щыпкъэ дыдэу, дунейм тет дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэ къудейщ.

7 Щыпкъэ дыдэу, ныбжь хуэдэ, цӀыхур къокӀуэкӀ; пщӀэншэуи мэлъэпхъащэ, мэугъуае, къызыхуэнэжынури имыщӀэу.

8 Сыт иджы гугъапӀэу сиӀэр, Зиусхьэн? ЗысшыӀэу, Уэращ сэ сызыщыгугъыр.

9 Хабзэншагъэу сщӀа псоми сахэшыж, акъылыншэм нэмыплъ къызремыт.

10 Сэ бзагуэ сыхъуащ, си жьэ къызэтесхыркъым – Уэ пщӀащ апхуэдэу.

11 Уи удынхэр къыстумыгъэхуэж, секӀуэдылӀащи сызэрыбгъэпшынэ Ӏэм.

12 И бзаджэщӀагъэм папщӀэ цӀыхур бгъэпшынэмэ, щыгъыныр хъуным зэрехъулӀэу, абы уасэ зыхуищӀыр уогъэкӀуэд. Аращ, дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэщ!

13 Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу къызэхэх, къыщӀэдэӀу си джэ макъым; си нэпсхэр жэуапыншэ умыщӀ. Сыту жыпӀэмэ сыгъуэгурыкӀуэ къудейщ сэ УэркӀэ, си адэжьхэм яхуэдэу, сыхэхэсщ.

14 Нэ ӀейкӀэ укъызэмыплъ, сигу гуфӀэгъуэм зэщӀищтэн лъэкӀыну, итӀанэ щӀыгур сыбгынауэ сремыпсэуж хуейми.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan