Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


37-нэ Уэрэд Къин зышэчым и тхьэлъэӀу

1 Тхьэм игу зыкъэдгъэкӀыжын папщӀэ. Даут и уэрэд

2 Зиусхьэн! Губжьышхуэм ухэту укъызэмыгий, сумыгъэпшынэ уи пхъэшэгъуэм.

3 Сыту жыпӀэмэ уи шабзэшэхэр къыстеуащ, уи Ӏэри къыстохьэлъэ.

4 Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.

5 Сыту жыпӀэмэ си бзаджэщӀагъэхэр къызолъэгэкӀ, хьэлъащэ къыстехъуащ;

6 си акъылыншагъэм уӀэгъэу къысхуихьам фырымэр къапех, шын къокӀ.

7 СызэфӀэщӀауэ, сиӀу егъэзыхауэ сыщылъщ, махуэ псом сотхьэусыхэ.

8 Сыту жыпӀэмэ си Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀищтащ плъыржьэр узым; щӀыпӀэ псэу къысхэнэжаӀакъым.

9 ГуащӀаджэ сыхъуащ, сызэхэукӀащ; си гум телъ хьэзабым сегъэщэӀу.

10 Зиусхьэн! Сэ сфӀэигъуэр уощӀэ Уэ, си щэӀу макъи пщыгъэпщкӀуакъым.

11 Си гур къокӀэзызыкӀ; си гуащӀэм сибгынащ, си нитӀым я нэхуми – ари сиӀэжкъым.

12 Си ныбжьэгъухэм, си гъусэхэм си узым пэжыжьэ защӀащ, си благъэхэри жыжьэу щытщ.

13 Си псэм къещэхэм ягъэув я лъахъэхэр, мыхъун къызэхъулӀэ зыфӀэигъуэхэр топсэлъыхь сызэрагъэунэхъуным, махуэ еным къысхузэхалъхьэ гухэлъ бзаджэхэр.

14 Сэ зэхэсхыркъым, дэгум сыхуэдэщ; зи жьэр къызэтезымых бзагуэм сыхуэдэщ;

15 Зэхэзымых, жэуап зымытыж цӀыхум хуэдэ сыхъуащ.

16 Сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ сыпщогугъ сэ; Зиусхьэн, си Тхьэ, Уэращ жэуап езытыр.

17 Сэ жысӀащ: къысщумыгъэдыхьэшх си бийхэр; си лъакъуэхэр щӀэщӀэмэ, абыхэм зыкъысхуагъэпагэ.

18 Себэным сынэсащ сэ, си узым сибгынэркъым.

19 Бзаджагъэу сщӀар уи пащхьэ изолъхьэ, си гуэныхьым сыхущӀогъуэж.

20 Лажьэ симыӀэу сызыгъэбийхэр гуащӀафӀэщ, сыхейуэ, си жагъуэгъухэр мэбагъуэ.

21 ФӀым пэкӀуэу, ар къызапэс, сагъэбий фӀы щӀэным сызэрыпылъым щхьэкӀэ.

22 Утыкум сыкъыумынэ, Зиусхьэн, си Тхьэ! Спэжыжьэ зумыщӀ.

23 ДэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу псынщӀэӀуэу, Зиусхьэн, си КъегъэлакӀуэ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan