Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 35 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


35-нэ Уэрэд ЦӀыхум и бзаджагъэмрэ Тхьэм и хьэлэлыгъэмрэ

1 Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Зиусхьэным хуэӀурыщӀэ Даут и уэрэд

2 ЦӀыху бзаджэм хабзэншагъэу зэрихьэм и макъ абы игу къыщоӀу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ илъкъым абы игу.

3 Сыту жыпӀэмэ ар зыщотхъуж, Тхьэм абы и хабзэншагъэ иужэгъуну игъуэтынукъым жеӀэ.

4 Абы и жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэр бзаджагъэщ, хьилагъэщ; акъылкӀи зекӀуэжыркъым, фӀы илэжьыжыркъым.

5 И гъуэлъыпӀэм абы гухэлъ бзаджэхэр щызэхелъхьэ, гъуэгу мыгъуэм тохьэ, е лэжьыным зыщидзеижыркъым абы.

6 Зиусхьэн! Уэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр уафэхэм нос, щыпкъагъэу къытхууиӀэр пшэхэм нос!

7 Тхьэм и къущхьэхэм яхуэдэщ уи захуагъэр, уи хьэкумхэр хым и кууупӀэм ещхьщ! цӀыхуи былыми уахуэгумащӀэщ, Зиусхьэн!

8 Сыту лъапӀэ дыдэ, си Тхьэ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр! Уи дамэхэм цӀыхухэм щхьэегъэзыпӀэ щӀагъуатэ;

9 Уи унэм и мылъкукӀэ ахэр машхэ, Уи фӀыгъэм ипскӀэ абыхэм загъэнщӀ.

10 Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр; Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.

11 Уэ узыщӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж яхуэпщӀ зэпытщ, гъуэгу захуэм ирикӀуэхэм уи фӀыгъэ ялъэӀэс зэпытщ.

12 Къыстремыувэ цӀыху пагэм и лъакъуэ, цӀыху бзаджэм и ӀэмыщӀэ сремыхуэ.

13 ЯӀу егъэзыхауэ щылъщ бзаджащӀэхэр, кърадзыхащ, къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan