Уэрэд 34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр34-нэ Уэрэд Хьэзаб хэт цӀыхум и тхьэлъэӀу Даут и уэрэд 1 Сызыгъэбийхэр гъэбий, Зиусхьэн, къызэбэнхэм ебэн. 2 МэӀури афэджанэри къащти, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу. 3 Бжыри уэщри къэӀэти, сыкъезыхуэкӀхэм ебэн; си псэм къыжеӀэ: «Сэращ ухэзышыжынур!» 4 ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу си псэм къещэхэр; зэщӀрекӀуэж, я напэр трырекӀ, зигу бзаджагъэ къысхуихьэхэр. 5 ЩӀым жьыбгъэм щызэрихьэ къэрэкъурэм хуэдэ ирехъу ахэр, Зиусхьэным и мелыӀычым ирырехужьэ. 6 КӀыфӀ, цӀэнтхъуэрыгъуэ ирехъу абыхэм я гъуэгур, Зиусхьэным и мелыӀычым кърырехуэкӀ. 7 Сыту жыпӀэмэ лажьэ симыӀэу сэр папщӀэ абыхэм щӀауфащ я хъыр; лажьэ симыӀэу, мащэ схуатӀащ абыхэм. 8 Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну. 9 Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэзгъэгъуэтэнщ абы щыгъуэ; абы сыкъригъэлащи, сыхуэгуфӀэнщ. 10 СигукӀи си псэкӀи жысӀэнщ: «Зиусхьэн! Хэт Уэ пхуэдэр – гуащӀаджэр лъэщым ӀэщӀэзыхыу, тхьэмыщкӀэмрэ зыри зимыӀэхэмрэ зыужьыгуахэм къаӀэщӀэзыхыжыр?» 11 Щыхьэт нэпцӀхэр къыспэуващ сэ: сызыщымыгъуазэхэмкӀэ сагъэкъуаншэ. 12 Си фӀыщӀагъэм бзаджагъэр къыпагъэуври, сигу ягъэкӀуэд. 13 Ахэр щысымаджэм щыгъуэ щыгъынхэр зыщыстӀагъэри, гугъу задезгъэхьащ, сынэщӀурэ Тхьэм сахуелъэӀуащ, си щхьэ ухуауэ. 14 Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу, садызекӀуащ; си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу, сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ, сынэщхъейуэ сахэтащ. 15 Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым. 16 УкӀытэ ямыӀэу, щӀэнэкӀалъэ сащӀ зэпытащ, я дзэхэр къысхузэрагъэшхащ. 17 Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ уеплъыну абы? Я залымыгъэхэм саӀэпыхыж, си гъащӀэр ящыхъумэ аслъэнхэм. 18 Уи щытхъу щыжысӀэнщ зэӀущӀэшхуэм, цӀыху Ӏувым сыхэту щытхъу щыпхужысӀэнщ сэ. 19 Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ, сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ. 20 Сыту жыпӀэмэ ахэр зылъыхъур зэгурыӀуэныгъэкъым; щӀыгум мамыру тетхэм пэувауэ, хьилагъэхэр зэхалъхьэ абыхэм. 21 Я жьэхэр къыстраунащӀэ; жаӀэ: «Дэгъуэщ! Дэгъуэщ! Ди нэкӀэ тлъэгъуащ пщӀахэр». 22 Уэ плъэгъуащ, Зиусхьэн, зумыущэху, спэжыжьэ зумыщӀ, Зиусхьэн! 23 Сыкъэлъагъу, си хьэкъ къызэптыну, къэтэдж, си дэуэгъум сыщыпхъумэну, си Тхьэ, си Зиусхьэн! 24 Уэ щыпкъагъэу пхэлъымкӀэ си хеягъэ къыхэгъэщ, Зиусхьэн, си Тхьэ, си тхьэмыщкӀагъэ щремыгуфӀыкӀ. 25 ЯгукӀэ жремыӀэ: «Дэгъуэщ! Дигу тепщэхащ». Абыхэм жремыӀэ: «Абы и Ӏуэху дыухащ». 26 ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу си насыпыншагъэ щыгуфӀыкӀхэр; укӀытэм, емыкӀум хрырет къыспэувауэ зызыгъэинхэр. 27 Си хеягъэ къыхэщыну хуейхэр ирегуфӀэ, иренэжэгужэ, зэпымыууэ жрыреӀэ: «Езым хуэӀурыщӀэм фӀыгъуэ игъуэтыным щыгуфӀыкӀ Зиусхьэныр инщ!» 28 Уэ уи щыпкъагъэрэ уи щӀыхьрэ си бзэгум махуэ еным иӀуэтэнщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden