Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


33-нэ Уэрэд Тхьэм и захуагъэм и щӀыхь

1 И акъыл имытыж хуэдэу Абимэлэк и пащхьэм зыкъыщищӀри, абы деж кърахуу щыхыхьэжым, Даут иуса уэрэд.

2 Сыт хуэдэ уахътыи щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.

3 ЗиусхьэнымкӀэ зыщытхъужынщ гууэ сиӀэр, къызэхахынщи, къэгуфӀэнщ хэутэн ящӀа цӀыхухэр

4 ФысщӀыгъуу вгъэлъапӀэ Зиусхьэныр, и цӀэр лъапӀэу къэдвгъэӀэт дызэгъусэу.

5 Зыхуэзгъэзащ сэ Зиусхьэным, Абы жэуап къызитри, шынагъуэу сиӀэ псоми саӀэщӀихыжащ.

6 Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.

7 Мы тхьэмыщкӀэр Тхьэм елъэӀуащ, Зиусхьэным ар къызэхихри, и къин псоми яхишыжащ.

8 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр къехъумэ Абы и мелыӀычым, яхешыж къиныгъэу яӀэм.

9 Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.

10 Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ фигу ивгъэлъ фэ, Абы и цӀыху лъапӀэхэм, сыту жыпӀэмэ Абы щышынэхэр зыми хуэныкъуэкъым.

11 Аслъэн шырхэм щыщӀагъэ яӀэщ, мэмэжалӀэ, ауэ Зиусхьэным зыхуэзыгъазэр сыт хуэдэ фӀыгъэми щыщӀэркъым.

12 НыбжьыщӀэхэр си деж фыкъакӀуи, фыкъызэдэӀу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хувиӀэну сэ фызгъэсэнщ.

13 Псэун фӀэигъуэу, фӀыгъуэр игъуэтын папщӀэ, гъащӀэ кӀыхь иӀэным щӀэмыхъуэпс цӀыху щыӀэ?

14 Уи бзэгум жомыгъэӀэ бзаджагъэ, уи жьэм къыжьэдумыгъэкӀ хьилагъэхэр.

15 Бзаджагъэм зыщыдзей, фӀыгъэр щӀэ; мамырыгъэм зыхуэгъази, и ужь ихьэ!

16 Зиусхьэным и нэхэр Езым хуэщыпкъэхэм яхуэгъэзащ, и тхьэкӀумэхэр – я джэ макъым.

17 Ауэ Зиусхьэным и нэгу яхуигъазэркъым бзаджащӀэхэм – игъащӀэкӀэ ахэр ягу къащымыкӀыжынхэу щӀыгум.

18 Езым хуэщыпкъэхэр къадэӀэпыкъуну щелъэӀукӀэ, Зиусхьэным ахэр зэхех, я тхьэмыщкӀагъуэ псоми хешыж.

19 Зиусхьэныр япэблагъэщ зигу кӀуэдахэм, зигукӀэ зэхэукӀахэр Абы къиныпӀэм кърешыж.

20 Тхьэм хуэщыпкъэм къину ишэчыр бэ мэхъу, ауэ а псоми ар яхешыж Зиусхьэным.

21 Абы и къупщхьэхэм Ар яхуосакъ: абыхэм ящыщ гуэри къутэнкъым.

22 Ем екӀуэдылӀэнщ цӀыху бзаджэр; Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр зылъагъу мыхъухэм я мысагъэ къалъысыжынщ.

23 Езым хуэӀурыщӀэхэм я щхьэр ещэхуж Зиусхьэным, щхьэегъэзыпӀэу Абы зыхуэзыгъазэхэр игъэкъуэншэнукъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan