Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


31-нэ Уэрэд Гуэныхьхэм уахущӀегъуэжынымрэ ахэр Тхьэм къыпхуигъэгъунымрэ
Даут и уэрэд. АкъылыфӀагъэм и уэрэд

1 Гъуэгу махуэ теуващ зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу, зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.

2 Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур, зигу хьилагъэ имылъыр!

3 Си гуэныхьыр зэрызущэхуам махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ си къупщхьэр щыным нэсащ.

4 Сыту жыпӀэмэ жэщми махуэми уи Ӏэр сэ къыстехьэлъэ зэпытащ, гуащӀэу схэлъри, гъэмахуэ уэгъум игъэхуэлакъэ жыпӀэну, сӀэщӀэкӀуэдащ.

5 Ауэ сэ гуэныхьу сщӀар уэсхьэлӀащ, бзаджагъэу сщӀари пщызущэхуакъым; сэ жысӀащ: «Зиусхьэным и пащхьэ ислъхьэнщ си хабзэншагъэхэр», абы щыгъуэ си гуэныхьыр схуэбгъэгъури, си къуаншагъэр Уэ сщхьэщыпхащ.

6 Абы папщӀэ, игъуэм деж, Тхьэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэ дэтхэнэри кърелъэӀу, абы щыгъуэ, псышхуэхэр къыщиукӀэ, ахэр абы къылъэӀэсынкъым.

7 Уэ – узихъумапӀэщ; къин сыхэхуэмэ, сыкъыбохъумэ, сызэрыхэпшыжым и гуфӀэгъуэм сыхыбогъэт.

8 «Акъыл уэзгъэщӀэнщ, гъуэгуу узэрыкӀуэнур уэзгъэщӀэнщ, къыбгурызгъэӀуэнщ, си нэӀэ птезгъэтурэ».

9 «Шым, къыдыру зэхэщӀыкӀ зимыӀэм фахуремыдэ, ӀурыщӀэ пхуэхъун папщӀэ, зи жьэпкъым шхуэӀу жьэдэлъхьэн хуейм хуэдэу».

10 ЦӀыху бзаджэм къиныгъэр къобэкӀ, ауэ Зиусхьэным щыгугъым фӀыгъуэр къещӀэкӀащ.

11 Зиусхьэныр фигу илъу фыгуфӀэ, фыгуфӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр; гуфӀэгъуэшхуэм фыхэту, зигукӀэ захуагъэ зиӀэ псоми Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ макъ ӀэтакӀэ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan