Уэрэд 30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр30-нэ Уэрэд Тхьэм ущыгугъыным и тхьэлъэӀу 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд 2 Уэ, Зиусхьэн, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызремыхь игъащӀэкӀэ, гугъуехьым сыхэшыж уи щыпкъагъэкӀэ. 3 Уи тхьэкӀумэр къысхуэгъази, къиным сыкъыхэшыж псынщӀэӀуэу, Уэ абрэмывэ хъумапӀэ, быдапӀэ лъэщ къысхуэхъу. 4 Сыту жыпӀэмэ Уэ умывэбгщ, убыдапӀэщ сэркӀэ, уи цӀэм и хьэтыркӀэ сызешэ сэ, сыгъэӀурыщӀэ. 5 Щэхуу къысхуагъэува хъым сыкъишыж, си щхьэегъэзыпӀэр Уэращи. 6 Уи ӀэмыщӀэ зызолъхьэ; си щхьэр къэпщэхужащ Уэ, Зиусхьэн, Тхьэуэ сызыщыгугъ. 7 Сэ слъагъу хъуркъым тхьэ мыфэмылхэр зыгъэлъапӀэхэр, сэ сызыщыгугъыр Зиусхьэнырщ. 8 СигъэгуфӀэнущ сэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, дэрэжэгъуэ къызитынущ, сыту жыпӀэмэ къэплъэгъуащ си тхьэмыщкӀагъэр, си къинхэм уащыгъуазэщ Уэ. 9 Си бийхэм я ӀэмыщӀэ сиплъхьакъым; си лъэр хуиту бгъэуващ. 10 ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ гузэвэгъуэм сызэлъиубыдащ; нэщхъеягъуэм иригъэгъукӀащ си нэр, сигури си Ӏэпкълъэпкъри гъуащ. 11 Нэщхъеягъуэм еух си гъащӀэр си илъэсхэр – гызын, щэӀуным, къарууншэ сащӀащ си къинхэм, мэщащэ си къупщхьэхэр. 12 Си бийхэми си гъунэгъу дыдэхэми – псоми сауб, си нэӀуасэхэмкӀи шынагъуэ сыхъуащ: уэрамым къыщызихьэлӀэхэр збгъэдож. 13 ЛӀам хуэдэу сащыгъупщащ; хьэкъущыкъу къутам сыхуэдэщ. 14 Сыту жыпӀэмэ цӀыху куэд зэӀущащэу зэхызох; шынагъуэр къызобгъэрыкӀуэ лъэныкъуэ псомкӀи, сэ къысхущӀэбжэу зэрыгъэӀущыжурэ, си псэр хахыну зэгуроӀуэ. 15 Ауэ Уэ сыпщогугъ, Зиусхьэн; сэ жызоӀэ: «Сэ си Тхьэр Уэращ». 16 Си махуэхэр Уи Ӏэ илъщ; си бийхэми сыкъезыхуэкӀхэми саӀэщӀэхыж. 17 Уи нэгум и нэху сэ, уи ӀурыщӀэм, къыстегъапсэ, Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ сымыкӀуэду сыкъегъэл. 18 Зиусхьэн! ЕмыкӀу къызумыгъэхь, сызэлъэӀур Уэращ: бзаджащӀэхэм кърехь емыкӀу, хьэдрыхэ бзэншэм ирекӀуэ. 19 Бзэгузехьэ пцӀыупсхэр бзагуэ ирехъу – пагэхэу, Тхьэм хуэщыпкъэхэр кърамыдзэу, мыхъун хужызыӀэхэр. 20 Уэ узыгъэлъапӀэхэм папщӀэ сыту бэ фӀыгъэу Уэ уиӀэр, цӀыхухэм я пащхьэкӀэ щхьэегъэзыпӀэу Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэм папщӀи бгъэхьэзырауэ. 21 Уэ ахэр бырсыр къэзыӀэтхэм уи нэгу щӀэту ящыбохъумэ, убакӀуэхэр къомыгъэгуэуэну хъумапӀэ ябогъэгъуэт. 22 Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ, бийхэр зытебанэ къалэм сыщыщыӀам, и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж щӀагъуэр къыслъигъэӀэсащи. 23 Гузэвэгъуэм сыхэту жысӀэгъащ сэ: «Сыкъипхуащ уи Ӏэгъуэблагъэм», ауэ укъыздэӀэпыкъункӀэ сыныщолъэӀум, си лъэӀу макъ къызэхэпхащ. 24 Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми, фӀыуэ флъагъу, Зиусхьэныр; Зиусхьэным къехъумэ хуэщыпкъэхэр, ауэ пагэу зекӀуэхэр егъэпшынэ Абы ирикъун хуэдизкӀэ. 25 Зывгъэбыдэ, лӀыгъэ зыхэвгъэлъ Зиусхьэным пэплэхэм, щыгугъхэм! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden