Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-нэ Уэрэд Зэман шынагъуэм Тхьэм ущыгугъыныр

1 Езым и къуэ Абшалом къыщыӀэщӀэкӀыжам щыгъуэ. Даут иуса уэрэд

2 Зиусхьэн! Сыту куэд зэрыгъэхъуа си бийхэр! Сагъэбийуэ, куэдым зыкъыспаӀэт.

3 Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».

4 Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.

5 Зиусхьэным соджэ, Цион Ӏуащхьэ лъапӀэм тету, Абы сызэхех.

6 Сигу псэхуауэ согъуэлъри сожей, сыкъотэджыж, сыту жыпӀэмэ си щӀэгъэкъуэнщ Зиусхьэныр.

7 Абы къыхэкӀкӀэ сащышынэркъым дэнэкӀи къикӀыурэ сэ сызыгъэбий цӀыху мин бжыгъэхэм.

8 Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн! СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ! Бийуэ сиӀэ псоми я нэкӀур яхущӀыбоуд, цӀыху бзаджэхэм я дзэхэр яхубогъэщащэ.

9 Зиусхьэныращ текӀуэныгъэ къыдэзыгъэхьыр. Уи нэфӀ щрехуэ Уи лъэпкъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan