Уэрэд 28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр28-нэ Уэрэд Тхьэм и макъ лъэщыр Даут и уэрэд 1 Фэ, уафэм щыпсэухэ, хуэвгъэфащэ Зиусхьэным, хуэвгъэфащэ Абы щӀыхьри къарури. 2 Хуэвгъэфащэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь, фащэ лъапӀэр фщыгъыу, Зиусхьэным щхьэщэ хуэфщӀ! 3 Псыхэм ящхьэкӀэ Зиусхьэным и макъ къыщоӀу; Тхьэуэ щӀыхь зиӀэм и макъыр щыблэ макъым хуэдэщ. Зиусхьэным и макъыр псы куэдым ящхьэкӀэ итщ. 4 Зиусхьэным и макъыр лъэщщ, Зиусхьэным и макъыр щӀыхьзехьэщ. 5 Ашэ жыгхэр Зиусхьэным и макъым ирещӀыкӀ; Зиусхьэным и макъым ирещӀыкӀ Ливан къущхьэм тет ашэхэр. 6 Егъэджэгу, танэ хуэдэу, Ливан къущхьэхэр, Сирион къущхьэхэри – выщӀэм хуэдэу. 7 МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым. 8 Зиусхьэным и макъым губгъуэ нэщӀыр егъэзджыздж; Зиусхьэным Кадеш губгъуэ нэщӀыр егъэгулэз. 9 Зиусхьэным и макъым жыгейхэр егъэсыс, мэзхэр еупцӀэн; Абы и унэ лъапӀэм щӀэс псоми щӀыхьышхуэ хуащӀ Абы. 10 Псыдзэхэм ящхьэжкӀэ и тахътэм тесщ Зиусхьэныр; Зиусхьэныр пащтыхь тахътэм игъащӀэм тесщ. 11 Зиусхьэным и цӀыху лъэпкъым гуащӀэ кърырет; Зиусхьэным и цӀыху лъэпкъым мамыркӀэ къыщрехуэ и нэфӀ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden